|
|
Календарь событий
04 августа 2026
4 августа, 2026 - 17:20
Пасэрей Мысырым нэгъуджэр щыгъуэтыгъуейти, зыхузэфIэкIхэрт зезыхьэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Тутанхамон и бэным археологхэм къыщагъуэтауэ щытащ налкъут удзыфэ пIащIэпсым къыхэщIыкIа, жэз псыгъуэкIэ зэрыгъэубыда нэгъуджэ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ар фараоным къигъэсэбэпу щытащ и нэхэр дыгъэ бзийм щихъумэн папщIэ.
ЛIэщIыгъуэхэр дэкIауэ, дыгъэ нэгъуджэхэр Урымым къыщагъэсэбэп хъуащ. Пащтыхь Нерон унафэ ищIауэ щытащ гладиаторхэр щызэрагъэзауэкIэ хуиту еплъын папщIэ налкъут удзыфэм нэгъуджэ къыхухащIыкIыну.
4 августа, 2026 - 17:10
Гъэ къэси хуэдэу, шыщхьэуIум и 4-р щIыпIэ куэдым дызыщримыхьэлIэ IэщIагъэм, спелеологием, ирилажьэхэм я махуэщ.
4 августа, 2026 - 16:59
«Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэд куэдым къежьапIэ яхуэхъуар къигъэнэIуащ. Абыхэм ящыщ зыщ «ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ» уэрэд дахэри.
4 августа, 2026 - 15:03
Пасэ зэманым шыкIэпшынэ макъамэ Iэмэпсымэр дэтхэнэ адыгэ унагъуэми Iэмал имыIэу иIэт. Абы къиIукI макъ хьэлэмэтыр лъэпкъ макъамэм и тхыпхъэм щабэу хэухуэнат. Махуэшхуэм шыкIэпшынауэ 12-м нэс ирагъэблагъэрт, чэзууэ еуэну. АрщхьэкIэ блэкIа лIэщIыгъуэм а Iэмэпсымэр хуэмыфащэу ящыгъупщэж хъуащ.
Абы гу лъитэри, шыкIэпшынэр зэфIигъэувэжащ цIыхубэ Iэмэпсымэхэр зыщI IэпщIэлъапщIэ, музыкант Ойберман Владимир. Абы ар, уеблэмэ тIэкIу иригъэфIэкIуат, Iэмэпсымэм иджыри бзэпситI хилъхьэри. Апхуэдэу ар къагъэщIэрэщIэжу щIадзащ, ди зэманми къызэрыхыхьэжыр нэрылъагъущ.
4 августа, 2026 - 11:18
ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ Кавказым щыпсэуа ди лъахэгъухэм я псэукIар уи нэгум къыщIэзыгъэхьэ хъыбар нэхъ цIыкIури гъэщIэгъуэнщ. Аращ икIи газетым и къалэныр: цIыхубэ гъащIэм хуэчэмымрэ ирикъумрэ къызыфIэбгъэщIыфын хуэдэу, и щытыкIэм щыгъуазэ уищIыныр.
Нобэрей газетхэри топсэлъыхь цIыхухэр зыхэпсэукI мылъкуми, зыпэрыт лэжьыгъэми, я хэхъуэми, я хэщIми. ИтIани, япэ лъэбакъуэхэр зычахэм тхыдэм щаIэ пщIэр пхуэгъэкIуэдынукъым. Абыхэм датепсэлъыхьыну щхьэусгыъуэ къыдэзытар «Терские ведомости» газетырщ.
4 августа, 2026 - 11:01
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым «Университет зэблэкIыгъуэхэр» зыфIаща пэхуэщIэр иджыри щокIуэкI. Псори зэхэту зэблэкIыгъуэ 11 щыIэнущ.
4 августа, 2026 - 07:58
ШыщхьэуIум и 4, гъубж
Зи закъуэу псэу лэжьакIуэ цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ
1905 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Рогавэ Георгий.
1914 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шыкъ Михаил.
|