|
|
Календарь событий
06 августа 2026
6 августа, 2026 - 16:51
Лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щиIэжщ КIыщокъуэ Алим. ТхакIуэ, усакIуэ щэджащэм и зэфIэкIым теухуауэ куэд жаIащ, абыхэм псоми къахощ КIыщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ литературэм и фIыпIэу зэрыщытыр. Гъуэгуанэ гугъу къызэринэкIащ Алим, ауэ сыт хуэдэ щытыкIэ имыхуами, и щхьэр щигъэлъэхъшаи и напэм щепцIыжаи къыхуихуакъым. Къалэн къыщащI сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ зэфIихыу, лъэпкъым и сэбэп зэрыригъэкIыным хущIэкъуу псэуащ ар. Абы и гъащIэ гъуэгуанэм теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гъут Iэдэм и тхыгъэр.
6 августа, 2026 - 15:23
Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхаублэнущ «ЦIыхубэ участковэ-2026» урысейпсо зэпеуэр.
Ар хуэгъэпсащ полицэм и лэжьакIуэхэм дзыхь хуащIыным, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я къалэнхэр зыхуэдэмрэ зэфIагъэкIхэмрэ жылагъуэм ягурыгъэIуэным.
Зэхьэзэхуэр Iыхьищу гуэшащи, япэмрэ етIуанэмрэ районхэмрэ щIыналъэмрэ щызэхэтынущ.
Япэ Iыхьэм щытекIуэхэр наIуэ хъунущ онлайн-IэIэтым кърикIуахэмкIэ. Гупыж зиIэ дэтхэнэми къыхихыфынущ полицэм и участковэ уполномоченнэ цIэр зыхуэфащэу къилъытэр, абы Iэ хуиIэту.
6 августа, 2026 - 14:05
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, илъэс 17 и пэкIэ дунейм ехыжа Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) Куржым и ТхакIуэхэм я союзым и урыс къудамэм и унафэщIу щытащ. Абы и къалэмыр хуэлажьэрт зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэм я гъащIэр, я дуней еплъыкIэр къэгъэлъэгъуэным. Публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэритхыжымкIэ, Аджыкъур тетхыхьащ адыги, куржыи, урыси, румыни, мэжэри...
6 августа, 2026 - 12:26
«Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэмкIэ гъэза и Iыхьэм узыщыIущIэ щIыпIэцIэхэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIауэ» («Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории») тхылъыр и IэдакъэщIэкIщ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков.
Абы и 282-нэ напэкIуэцIым дыщрохьэлIэ: «Абхъаз-адыгэ топонимикэр ижькIэрэ къыщекIуэкIа щIыналъэхэм язщ нобэрей Къэрэшей-Шэрджэсым и зы Iыхьэ Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэри. Абдежым дызыщыхуэзэ псыцIэхэмрэ бгыщхьэхэм зэреджэмрэ я нэхъыбэр абхъаз-адыгэбзэхэм хэт псалъэхэмкIэ тхузэпкърыхынущ…».
6 августа, 2026 - 11:06
Тхыдэм и пэжыр зэблашу яхуэбдэ зэрымыхъунум тепсэлъыхьащ иджыблагъэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм щызэхуэса республикэм и щIэныгъэлIхэр, политологхэр, юристхэр. СтIол хъурей жыпхъэм иту екIуэкIа зэIущIэм хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэр зэманым и нэщэнэхэм елъытауэ щытын зэрыхуейр къыщыхагъэщащ.
6 августа, 2026 - 10:02
ЗыплъыхьакIуэхэм ящыщу адыгэхэм (адыгэхэм) ятеухуауэ тхыгъэ нэхъыбэ къэзыгъэнам и гугъу тщIымэ, ар Белл Джеймс. Ар ди лъэпкъым тетхыхьа къудейкъым - илъэс зыбжанэкIэ адыгэхэм яхэсу, я псэукIэм, хьэл-щэнхэм, жылагъуэ зэхэтыкIэм зыщигъэгъуэзат.
6 августа, 2026 - 09:49
ШыщхьэуIум и 6, махуэку
Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ
Хиросимэ и дунейпсо махуэщ
«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.
1934 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).
|