Календарь событий

17 августа 2026

ЩIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэр щызэфэIувэным зэфIэкIышхуэ езыхьэлIахэм ящыщщ институтым щылэжьа бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, адыгэ узэщIакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ хьэлэмэт, хэкупсэ нэсу псэуа Елбэд Хьэсэн Увжыкъуэ и къуэр (I886 - I967). ГъащIэ купщIафIэ къэзыпсэуа Елбэдыр и лъэпкъым, и анэдэлъхубзэм, цIыхухэм дапщэщи псэ къабзэу яхущытащ, лъэкI псори адыгэхэм ди зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ тыхь яхуищIу. 

Щыуэпсымрэ цIыхумрэ

«Кавказым и къуалэбзухэр» сурэт альбомыр къыпIэрыхьамэ, абы итхэм узыIэпишауэ куэдрэ пIыгъыфынущ. Лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкI Журт Хьэсэн абы къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым узыщрихьэлIэ къуалэбзу лIэужьыгъуэу 3I6-м я сурэт. Абыхэм ящыщу 38-м щIымахуэр ди щIыпIэм щрах, I2I-р мэлъэтэж, I57-м абгъуэ щащI. Бзухэм я фIэщыгъэхэр бзиплIкIэ - урысыбзэкIэ, латиныбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ - къызэрыхьами абы и мыхьэнэр нэхъ ин ещI. 

КъигъэщIар мащIэми, куэд хузэфIэкIащ

ЩIэныгъэм и мыхьэнэр пасэу къызыгурыIуа цIыху акъылыфIэ, адыгэ узэщIакIуэ, тхыдэтх икIи тхакIуэ гъуэзэджэ Хъан-Джэрий япэ илъэсхэм дихьэхауэ нэхъ зэлэжьар и лъэпкъым и тхыдэрщ, IуэрыIуатэрщ, къыдалъхуахэр зыхэт лъыгъажэ гущIэгъуншэм къыхэшынырщ, кIыфIыгъэ хьэлъэр щхьэщыхынырщ, щIэныгъэм и мыхьэнэр къагурыгъэIуэнырщ. 
ЗыгъэпIейтей, зэгупсыс, и гурылъ-гурыщIэхэр художественнэ псалъэкIи къиIуэтэну иужь йохьэ, адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэ къыщIокI, абыхэм я нэхъыбэр езыр псэу щIыкIэ дунейм къытемыхьами. 

Донецк щыщ пщащэм ди университетырщ къыхихар

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щоджэ къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къикIа щIалэгъуалэр. Васильченкэ Мирославэ Социально-гуманитар институтым и студентщ, ар ДНР-м щыщщ, ди университетым щекIуэкI гъащIэм жыджэру хэтщ.
Мирославэ и сабиигъуэр щыкIуар Донецк ЦIыхубэ Республикэм хыхьэ Снежное шахтёр къалэ цIыкIурщ. Абдеж къыщожьэ абы и унагъуэ дахэмрэ творчествэм, гуманитар щIэныгъэхэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр. 

Уадыгэу упсэуныр тыншкъым

 ГъащIэ. Сыт ар зищIысыр? Тхыдэм и зы напэкIуэцI, хьэмэ зыми емыпхауэ Тхьэшхуэм цIыхум къытхуиутIыпща зэман? Гугъущ, хуабжьу гугъущ мы упщIэхэм я жэуапыр кIэщIу къэпIуэтэну. 

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 17, блыщхьэ
УФ-м и Хьэуа флотым и махуэщ
1771 гъэм
Екатеринэ ЕтIуанэм и указкIэ Къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къратащ.
1922 гъэм къалъхуащ Мысырым щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, мамырыгъэр хъумэнымкIэ Дунейпсо Ленин саугъэтыр зрата Мохи-эд-Дин (Жэмбей) Хъалид.
1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэркъуахъуэ Инус.

Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт

Лъэпкъ узэщIакIуэхэу Дым Iэдэмрэ Цагъуэ Нурийрэ псэ хьэлэлкIэ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хуэлэжьахэм ящыщщ. ЩIэблэр гъэсэным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным теухуауэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ къызэранэкIащ. Дымымрэ Цагъуэмрэ сабий щэнгъасэм теухуауэ зэфIагъэкIахэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэм.