Календарь событий

29 августа 2026

Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и лэжьакIуэхэм.

КIэрухубжьэрыхухэр иридашынущ

КIэрыхубжьэрыху быдэхэр дэшынымкIэ «Экотехпром» щIыналъэ операторыщIэм, къащыIэрыхьэн хуей пIалъэм ипэ къихуэу, а Iуэхум хуэщIа машинэу плIы къыIэрыхьащ.

Илъэсищэ гъуэгуанэ

ГуащIэм зэщIэкIуэ иIэкъым, жаIэ адыгэхэм. ЗэщIэмыкIуэж лъэкIыныгъэрэ ерыщагърэ къы­зыкъуихри, гуащIафIэу икIи купщIафIэу гъуэгуанэ дахэ къикIуащ къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 ирикъуа, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я бзэр, IуэрыIуатэр, литерату­рэр, тхыдэр, щэнхабзэр джы­ным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэ­зыщIа Къэбэрдей-Балъкъэ­рым­ гуманитар къэхутэны- ­гъэ­хэм­кIэ и институтым.

ЦIыху зэхуэсыпIэхэр зыхуей хуагъазэ

Ди гъащIэр ефIэкIуэнуми екIэкIуэнуми зэлъыта Iуэхугъуэ­хэм ящыщщ жылагъуэ щIы­пIэхэм, пщIантIэхэм, утыкухэм я зэпэщыныгъэр. А унэтIыныгъэхэм ехьэлIа псалъэмакъ щхьэ­пэ мы махуэхэм зэдрагъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ ЩIыналъэм Iуэхухэр щызегъэкIуэнымкIэ и центрым (ЦУР) и унафэщI КIэдыкIуей Мадинэрэ.

ЗыкъыщIагъэкъуэнущ жылагъуэми зэгухьэныгъэхэми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Нар­котикхэм япэщIэтынымкIэ респуб­ликэм  и комиссэм и зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ. 

Террорым пыщIа щIэпхъаджагъэхэр

«Урысей МВД-м, Урысей ФСБ-м я лэжьакIуэхэм яубыдащ терактхэм, апхуэдэуи дунейпсо террорист зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм пыщIауэ шэч зыхуащIхэр. 

Зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэр яIэту

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуа хэкупсагъэ зэIущIэ.