|
|
Календарь событий
01 сентября 2026
1 сентября, 2026 - 16:02
Телъыджэ гуэру ди зэманым къэсащ Да Винчи Леонардэ и тхыгъэ манускрипт лъапIэхэр. Абы и литературэ щIэиныр напэкIуэцI мини 7-м щIегъу, ар зылъэгъуахэм къызэраIуэтэжымкIэ, сурэтыщӏ цӏэрыӏуэм и тхыгъэхэр елӏалӏэу, егугъуу напэкIуэцIым къытринащ.
Да Винчи Леонардэ и Iуэтэж кIэщIхэм къыщыгъэлъэгъуар махуэ къэс ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ гуэрщ, акъыл, Iущыгъэ, губзыгъагъэ къызыхэпхынщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.
1 сентября, 2026 - 15:32
Зэчийр цIыхум къыдалъхурэ ар и егугъуныгъэкIэ и гъащIэм щызригъэхъулIэрэ зэхэдгъэкIыну дыщыгупсысэ щыIэщ. Абы теухуа зы Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ дрихьэлIащ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Тхьэгъэзит Зубер зы интервьюм щыжиIэгъауэ.
1 сентября, 2026 - 14:01
Бгырыс лъэпкъхэм къахэкIа щIэныгъэлI щэджащэхэм ящыщ зыщ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щIыпIэ ин дыдэ щызыубыд Нэгумэ Шорэ. Ар Жыцу псы Iуфэм Iуса адыгэ къуажэ цIыкIум 1794 гъэм къыщалъхуащ. КъызыхэкIар уэркъ унагъуэщ. И сабиигъуэм къуажэм дэт муслъымэн еджапIэм щIотIысхьэ, абы хьэрыпыбзэмрэ къурIэнымрэт зыхурагъаджэр.
1 сентября, 2026 - 12:58
Щхьэ, пщэ лышх узыфэ лIэужьыгъуэхэм хабжэ нэм, тхьэкIумэм, жьэ кIуэцIым, щитовиднэ железам, тэмакъым, жьэ пхъэбгъум, нэкIум, щхьэфэм, пщэм къеуалIэхэр. Лышх узыфэу щыIэм я проценти 10-р еубыд мы лIэужьыгъуэхэм, нэхъыбэми ахэр зэфыкIыр цIыхухъухэрщ.
1 сентября, 2026 - 11:18
ЦIыхухэр зэрызэмыщхьым дэтхэнэ зыми гъащIэм япэ щригъэщыр къыхрегъэх. Бын зи куэдым мылъкур фIэнэхъапэщ, мылъку зи куэдым абы пщIэ къыхущIэкIыну хуейщ. Зэщхь дызыщIыр псори дызэрыпсэумрэ дызэрылIэжынумрэщ.
«ЦIыхухэр лIэужьыгъуищу зэхедз: губзыгъэхэр, ныкъуэделэхэр, делэ дыдэхэр. Губзыгъэм и къарур дунеягъэми ахърэтми ятрегъэкIуадэ. Ныкъуэделэр е дунеягъэм, е ахърэтым фIэкIа телажьэркъым. Делэ дыдэм а тIури къыфIэмыIуэхуу, и щхьэр трегъэу» - мы жыIэгъуэ цIэрыIуэр щыпщыгъупщэ махуэ къыпхуимыхуэмэ, нэхъыфIщ.
1 сентября, 2026 - 10:57
Къэралым жыджэру зыхуегъэхьэзыр фокIадэм екIуэкIыну Хэхыныгъэхэм. Дэтхэнэ зы партми жылагъуэр къегъэгугъэ псэукIэр зылъахъэ лъэпощхьэпохэр IуигъэкIуэтыну, цIыхубэр зыщыгугъ лъэныкъуэхэр игъэзэкIуэну. «Урысей зэкъуэтым» дзыхь хуэзыщIхэр щогугъ а партым къызэригъэпэжынум.
«Урысей зэкъуэт» партым и лъэпкъ программэр лэжьыгъэшхуэ зытекIуэда дэфтэрщ. УФ-м и Президентым къэралым къыпэщылъ къалэну къилъытэхэмрэ абы къыхихыпхъэ унэтIыныгъэу игъэувхэмрэ тохуэ партым и Программэр лъабжьэ зыхуэхъуа дэфтэрыр.
1 сентября, 2026 - 09:58
Тхыгъэ купщIафIэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ Жаным Борис. Абыхэм ящыщщ «А махуэм» повестыр, ар тхылъ щхьэхуэу 1972 гъэм дунейм къытехьащ. Тхыгъэр Iыхьэ-Iыхьэурэ гуэшащ, языхэзми псалъащхьэ щхьэхуэ яIэжу.
Повестым къыщыIэта Iуэхугъуэр щекIуэкIыр Жыланцу къуажэрщ, къыщыгъэлъэгъуэжар Хэку зауэшхуэм къиша нэщхъеягъэрщ, гуауэрщ, цIыхухэм ятелъа бэлыхьымрэ хьэзабымрэщ, мамыр псэукIэр зэфIэгъэувэжыным папщIэ яхузэфIэкI къамыгъанэу текIуэныгъэм зэрыщIэзэуарщ.
1 сентября, 2026 - 09:00
ФокIадэм и 1, гъубж
♦ЩIэныгъэхэм я махуэщ
♦Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ.
♦Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ.
♦Дзэ щIыхьым и къалэ, КъБР-м и щыхьэр Налшык и махуэщ.
♦1969 гъэм урыс пащтыхь Иван IV и щхьэгъусэ, Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) дунейм ехыжащ.
♦1674 гъэм адыгэпщ Муцал и къуэ Къасболэт и дзэм Азов и деж тыркудзэр щызэтрикъутащ.
1 сентября, 2026 - 09:00
Къэралым жыджэру зыхуегъэхьэзыр фокIадэм екIуэкIыну Хэхыныгъэхэм. Дэтхэнэ зы партми жылагъуэр къегъэгугъэ псэукIэр зылъахъэ лъэпощхьэпохэр IуигъэкIуэтыну, цIыхубэр зыщыгугъ лъэныкъуэхэр игъэзэкIуэну. «Урысей зэкъуэтым» дзыхь хуэзыщIхэр щогугъ а партым къызэригъэпэжынум.
«Урысей зэкъуэт» партым и лъэпкъ программэр лэжьыгъэшхуэ зытекIуэда дэфтэрщ. УФ-м и Президентым къэралым къыпэщылъ къалэну къилъытэхэмрэ абы къыхихыпхъэ унэтIыныгъэу игъэувхэмрэ тохуэ партым и Программэр лъабжьэ зыхуэхъуа дэфтэрыр.
|