|
|
Календарь событий
03 сентября 2026
3 сентября, 2026 - 17:46
КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и I-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьыщIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэшхуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Абыхэм я бжыгъэр мин 11-м щыщIегъу ди республикэм.
3 сентября, 2026 - 16:44
Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий мы хъыбарыр къыхуэзыIуэтэжауэ щытар а щIыналъэм и Хьэбэз районым хыхьэ Бэвыкъуэ къуажэм щыпсэуа Къэбгъавэ Мэсхьудщ (Хьудэ).
… Iуэхур къыщекIуэкIар Граждан зауэм и кIэхэрщ. Бэрбащ (Бэвыкъуэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм) уфIэкIмэ, Стояновым и щIыгуу щытам деж, ди жылэм щыщ гуэрхэми зэращIу, сэри мэкъупIэ къэсщэхуауэ сыкъэкIуат, удзпыхкIэ (косилкэ) мэкъу сеуэну.
3 сентября, 2026 - 15:42
Къэбэрдей-Балъкъэрыр картэм ит щIыпIэ къудейкъым, атIэ щIыуэпс къулей зыбгъэдэлъ, бгыхэм я плIэкIэ уафэр щаIыгъ щIыналъэщ. Мыбдеж псыкъелъэхэм къару лъэрызехьэ щащIэлъщ, къущхьэхъу хъупIэхэр щыгъунэншэщ.
Хъыбарыр къыщIэдзапхъэщ щхьитI зыфIэт, жыжьэуи плъагъу Iуащхьэмахуэ бгымкIэ. Языныкъуэхэм я дежкIэ ар къэгъэIурыщIэн хуей щыгущ. Адрейхэм я дежкIэ лIэщIыгъуэхэм я щыхьэт лъагапIэщ. Ауэ абы удэкIуеину уимымурадми, Iуащхьэмахуэ уIуплъэныр гукъинэж гъуэгуанэхэм ящыщ зы мэхъу. Псом хуэмыдэу абы хуиту ущыIуоплъэ Джилы-Су (псы хуабэ) щIыпIэм ущыкIуэкIэ.
3 сентября, 2026 - 13:50
18-нэ лIэщIыгъуэм псэуа астрономхэм – Тициусрэ Бодерэ – Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэр зэрызэпэжыжьэм хабзэ гуэр хэлъу къахутащ, ар «геометрическая прогрессия» жыхуаIэмкIэ къыпхуэпщыну. Абыхэм зэхалъхьа формулэм утетмэ, Марсымрэ Юпитерымрэ зэхуакушхуэ яIэу, а тIум я кум иджыри зы планетэ дэтауэ жаIащ.
3 сентября, 2026 - 11:11
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и тхыгъэхэм я пщIэмрэ я мыхьэнэмрэ зэи кIащхъэ щыхъунукъым ди литературэм. Апхуэдэуи лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм ар къыхэнащ цIыхугъэшхуэ зыхэлъ лIы щыпкъэу. ЩоджэнцIыкIум и дуней тетыкIам, ар цIыху гъэщIэгъуэну зэрыщытам теухуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Эфендиев Сэлихь и тхыгъэр.
3 сентября, 2026 - 10:00
«Дуней нэху», «Дуней дахэ», «Дунеишхуэ» - сыту плъыфэ куэд щIыдгъурэ ди нэхэр къызэтетхыху дыкъыщыхутэ гъащIэ Iыхьэм. А псалъэ дыдэхэмкIэ фIыуэ тлъагъу цIыхухэр догъэщIэращIэ, дунеймрэ абы и теплъэмрэ яхуэдгъадэу. Нобэ дызытепсэлъыхьыну бзылъхугъэм псэуныгъэм и IэфIыр зэрызыхищIар нэгъуэщI гъуэгукIэщ.
3 сентября, 2026 - 09:30
ФокIадэм и 3, махуэку
Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Беслъэн къалэм къыщыхъуа терактым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
1612 гъэм Пожарский Дмитрийрэ адыгэпщ Черкасский Къанщауэрэ польшэдзэм текIуащ.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щыта Дохъущокъуэ Мусэ.
1934 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Гугъуэт Лол.
|