|
|
Календарь событий
05 сентября 2026
5 сентября, 2026 - 11:18
Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, фокIадэм и 3-м, къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми ягу къагъэкIыж терактхэм хэкIуэдахэмрэ абы фэбжь хэзыхахэмрэ икIи а щIэпхъэджагъэм ебэныным и IуэхукIэ зэкъуоувэ. Абы ирихьэлIэу республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ пэкIухэр, зэхыхьэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIащ, документальнэ фильмхэр щагъэлъэгъуащ. Налшык къалэм, Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэ Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэм и утыкум, а махуэм пэкIу щекIуэкIащ.
5 сентября, 2026 - 10:25
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ Аруан районым щыIащ.
5 сентября, 2026 - 09:01
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Лэскэн районым. ЩIыналъэм и цIыхухэр хэту екIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ иужьрей илъэситхум районым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм кърикIуахэм, адэкIэ къапэщылъ лэжьыгъэхэм.
|