|
|
Календарь событий
07 сентября 2026
7 сентября, 2026 - 14:28
Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейм щIэх-щIэхыурэ щIыналъэм и литературэ гъащIэм деж мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхугъуэхэр къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэу абы иджыблагъэ щызэхэтащ музейм зи цIэр зэрихьэ тхакIуэм и литературэ гуащIэмрэ и гъащIэ гъуэгумрэ ягу къыщагъэкIыж пшыхь дахэ.
7 сентября, 2026 - 14:26
БэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр нобэрей щIалэгъуалэр дэзыхьэх спорт къудамэщ. Зыкъэдумысыпэмэ, узытхьэкъун теплъэгъуэу мащIэ дыдэщ абдежым щыплъагъур. Ауэ зэбэнхэм къадэщIхэм уащыхэплъэкIэ, лъэныкъуитIым я зыр ууейуэ къыпфIыщIокI. Кавказым узэрыщыщым щхьэхуимыту уи лъахэгъум и лъэныкъуэр къыуегъащтэ.
7 сентября, 2026 - 14:23
Урысей Федерацэм боксымкIэ и чемпионат иджыблагъэ щекIуэкIащ Мордовием и Саранск къалэм. Абы щызэхуэсащ ди къэралым и спортсмен лъэщу 320-рэ, я ныбжькIэ илъэс 19-40-хэм къриубыдэу.
7 сентября, 2026 - 14:21
БлэкIа гъунэгъум къызэрыхэщыжымкIэ, «рекреацэ» фIэщыгъэр СССР-м къыщапсэлъын щрагъэжьар 1960 гъэхэм я етIуанэ Iыхьэм къыщыщIэдзауэщ.
Унагъуэр зыхуей хуэгъэзэным, лэжьыгъэм, еджэным къыпэрыкIыу, цIыхум и узыншагъэр щызэтригъэувэжын, зыщигъэпсэхун, и нэгу зыщригъэужьын щIыпIэ гуэрым нэсыным хуэпабгъэу гъуэгу зэрытехьэм «рекреацэ туризмкIэ» йоджэ.
7 сентября, 2026 - 14:19
Четин Онер
Пщыхьэщхьэ хъуху си гупсысэм хэкIакъым Гюлибик.
- Куэдщ ар, неуэ! – зэм-зэ жиIащ ди адэм.
Сэ Iэнэр зэщIэскъуэжщ, къэнаIамэ кхъуэщыным ислъхьэщ, шыдым сышэсри, сэ япэ ситу, си адэр нэхъ иужьыIуэу дежьэжащ.
Къуажэм дыкъыщыблагъэм адакъэ Iуэ макъхэр зэхэщIыкIыгъуэу тхьэкIумэм къицырхъащ. Хэт ищIэрэ, си Гюлибики яхэт хъунт абыхэм.
7 сентября, 2026 - 14:18
2026 гъэм фокIадэм и 8-м ди къэралым щыпсэухэм иджы япэу ягъэлъэпIэнущ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэр. Апхуэдэ жэрдэмыр къыщыхалъхьат Урысейм и лъэпкъхэм я бзэхэмрэ урысыбзэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ къэрал къалэныр гъэзэщIэнымкIэ Советым 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м иригъэкIуэкIауэ щыта зэIущIэм.
7 сентября, 2026 - 13:01
Илъэс 60 ипэкIэ, 1966 гъэм фокIадэм и 8-м, Лъэпкъ зэкъуэтхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэкIэ ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэр ягъэувауэ щытащ. Абы щыгъуэ Тегеран къыщызэIуахауэ щытащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрхэм я дунейпсо зэхуэсышхуэ. ЩIы хъурейм и къэрал куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а конференцым щытепсэлъыхьат цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, къеджэкIэ, тхэкIэ, бжэкIэ ящIэу щIэблэр къэгъэтэджыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
7 сентября, 2026 - 12:59
ФокIадэм и 7, блыщхьэ
♦ЩIыдагъэ, газ промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Хьэуа къабзэм и дунейпсо махуэщ
♦Iэщэхэм ещхь зэрыджэгу сабий хьэпшыпхэр гъэкIуэдыжыным и дунейпсо махуэщ
♦1923 гъэм Интерполыр – уголовнэ полицэм и дунейпсо организацэр – къызэрагъэпэщащ.
♦1928 гъэм ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр къащтащ.
|