Календарь событий

11 сентября 2026

ЩIы Iыхьэхэр ират

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и цIыху 41-м псэупIэхэр щаухуэн щIы Iыхьэхэр иратащ, метр зэбгъузэнатIэ 800 хъууэ. Гулъытэ зыгъуэтахэм яхэтщ унэгъащIэхэр, бынунагъуэшхуэхэр, сабий ныкъуэдыкъуэ зыпIхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр. Сертификатхэр абыхэм щратыжащ Шэджэм район администрацэм.

Тэрчым щыщ ныбжьыщIэхэр зэпоуэ

Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм траухуэри, Тэрч щIыналъэм и Курп Ипщэ къуажэм ныбжьыщIэхэм футбол цIыкIумкIэ я зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Хьэмидей, Терекскэ, Плановскэ, Урожайнэ, Ново-Хьэмидей, Акъбащ Ипщэ къуажэхэм я командэу 7. 

Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ

Дызэрыт илъэсым и щIышылэ – бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэр ятыфын папщIэ республикэм щыщ унагъуэ 1761-м зыщIагъэкъуащ - субсидиехэр хухахащ. Абыхэм щхьэкIэ ди щIыналъэм и бюджетым сом мелуан 32,2-рэ къыхэкIащ. 

ХьэтIохъущокъуэ унэцIэм и щэхухэр

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор КIуэкIуэ Жэмалдинрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат КIуэкIуэ Лейлэрэ я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщ зы теухуащ ХьэтIохъущокъуэ пщы унэцIэр къызэрыунэхуам. Абыхэм тегъэщIапIэ ящI Iуэхугъуэхэр тхыгъэм къыщыдохь.
ЩIэныгъэлIхэм а псалъэр ирапх адыгэхэм псэущхьэ лъапIэу къалъытэхэм (псалъэм папщIэ, «хьэмрэ» «дыгъужьымрэ») я фIэщыгъэхэм цIэхэр къытращIыкIыу зэрыщытам.

Бзэ куэд зыщIэхэр

ЩIэныгъэлIхэм иджыри къахутакъым бзэ дапщэ цIыхум зригъэщIэфынуми. Ауэ бзэ тIощI е нэхъыбэ зыщIэ цIыхухэр щыIэщ. Полиглот бзылъхугъэхэм я гугъу пщIымэ, бзэ куэд ищIэу щытащ Клеопатрэ. VII (ди эрэм ипэкIэ 69-30) Плутарх зэритхыжамкIэ, ар бзибгъукIэ псэлъэфырт икIи дипломат зэIущIэхэм зэдзэкIакIуэм и Iуэхутхьэбзэхэр къыщыщигъэсэбэпыр зэзэмызэххэт. Пащтыхь гуащэм и анэдэлъхубзэр алыджыбзэрт, ауэ мысырыбзэкIи фIы дыдэу псалъэрт. Ар а зэманым мысыр унафэщIхэм пщIэ зэрыхуащIым и нэщэнэ белджылыуэ къалъытэрт.

Гектар мини 6,7-м щIигъу

«Мэкъумэш къэкIыгъэхэр зытращIэ щIыр псыщIэгъэлъадэм къызэщIегъэубыдэн икIи ахэр гъэлэжьэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызыхэт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым псы зыщIагъэлъадэ, гъавэ зытращIэ и щIым гектар мини 6,7-м щIигъу къыхагъэхъуащ. 

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

Дыщэм теухуауэ

Дыщэр Менделеевым и таблицэм 79-нэу итщ. Дыщэу дунейм къыщыщIахыр куэд дыдэу пхужыIэнукъым, нэгъуэщI мывэ, гъущIыкIэ лIэужьыгъуэхэм еплъытмэ. Дыщэр къызэрагъэунэхурэ псори зэхэту къыщIахам хуэдиз зы махуэм гъущIу къыщIах, хуэгъэфэщауэ къэббжмэ. 

Бзу анэм и уэрэд

Сабийхэм папщIэ япэ адыгэ мюзиклыр КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэу Къул Амиррэ Вындыжь Мариерэ зэдатхащ. Псалъэхэр Марие итхащ, макъамэр Амир щIигъэуващ. Уэрэдым и псалъэхэр, нотэхэр, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр щызэгъэкIуа сабий тхылъыр Творческэ гупсысэхэр дэIыгъынымкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и сэбэпкIэ къыдагъэкIащ. «Бзу анэм и уэрэд» фIащащ мюзиклым. 

ХьэкIэкхъуэкIэхэм - гулъытэ

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр къыщызэIуаха махуэщ фокIадэм и 11-р. Мы лъэхъэнэм ар ди планетэм щынэхъ ин дыдэ, дыкъэзыухъуреихь Iэхэлъахэм къыщхьэщыжынымкIэ къэрал унафэщIхэр зыхэмыIэбэ IэнатIэщ. И лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэрыригъэкIуэкIри властым щыщхэм, хьэрычэтыщIэхэм, цIыху къызэрыгуэкIхэм псапэ щIыкIэу къыхалъхьэ мылъкурэ дэIэпыкъуныгъэкIэщ. 

Ди лъэпкъэгъухэр

Тырку, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа, Мысырым и Iэтащхьэу щыта мамлюк зауэлIхэм ХIII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ ХVI лIэщIыгъуэм нэс а къэралыр зэрахьащ. Шэрджэс мамлюкхэм ятетхыхьащ публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ. 
Шахингирай (Хьэнахъуэ) Мэхьмэт Бжьэдыгъум къыщалъхуащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэрэ зауэ-медицинэ академиерэ Истамбыл къыщиухащ. Медицинэ щIэныгъэхэмк1э  докторщ. “Зэкъуэтыныгъэрэ зыужьыныгъэрэ партыр къызэзыгъэпэщахэм ящыщщ.

ЗэкIуий зэкъуэшхэр къыхожаныкI

«Хадарцев зэкъуэшхэм я Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэ ин Владикавказ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэрал 19-м я бэнакIуэу 200-м нэблагъэ.

НОБЭ

ФокIадэм и 11, мэрем

1929 гъэм къалъхуащ балетмейстер, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Дашу Хьэшыр. 
1954
гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и ректор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м и академик Алътуд Юрэ. 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 25-рэ, жэщым градус 12 щыхъунущ.