Календарь событий

13 сентября 2026

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессиональнэ сурэтыщIхэм ящыщ, и адэ Трындык Николай къыщIэна лэжьыгъэ 24-рэ. 

Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь

Налшык дэт Къэрал макъамэ ­театрым щекIуэкIащ ШэрIужь Аслъэн илъэс бжыгъэ дахэ зэ­ры­рикъуам, и тхылъыщIэ дунейм къызэрытехьам теухуа пшыхь. 

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ. Абы и купщIэ нэхъыщхьэр ягъэтIысахэм я гуп­сысэхэр фIым траухуэнырщ, езыхэми зыхэтхэми зэран яхуэхъу я дуней тетыкIэр хъуэжынырщ. 

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрми гулъытэншэ щыхъуакъым ар. ЕджапIэхэми, гъэсапIэхэми, щэнхабзэм и IэнатIэхэми щызэхашащ махуэшхуэ зэIущIэхэр.