|
|
Календарь событий
01 октября 2026
1 октября, 2026 - 14:00
Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, жаIэ. Къыпхуэмылъытэну инщ абы цIыхубэм къахуихьа гузэвэгъуэр, къарита хэщIыныгъэр, я нэгу щIигъэкIа гуауэр. Хэку зауэшхуэр зылъэмыIэса унагъуэ щыIэжкъыми, абы и тхыдэр зыпэмыгъунэгъу, а лъэхъэнэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм захуэзымыгъазэ куэд бгъуэтынукъым. Гур хэзыгъэщI куэд къыхуехь зауэм цIыхум. Ауэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэ хъугъэщIагъэхэм уащыхэплъэжкIэ, укъэзыгъаскIэ, щхьэм имытIасэ, цIыхугъэм къыпхуемыгъэзэгъ хьэкIэкхъуэкIагъэ куэдым урохьэлIэ.
1 октября, 2026 - 11:30
Нобэ Макъамэм и лъэпкъыбэ махуэщ
Макъамэм и лъэпкъыбэ махуэр 1975 гъэм щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 1-м ягъэлъапIэ, ЮНЕСКО-м къыхилъхьауэ. Абы ехьэлIа унафэр къыщащтат а IуэхущIапIэм и деж щыIэ Лъэпкъыбэ макъамэ советым (IMC) и 15-нэ ассамблее нэхъыщхьэм. А гукъэкI гуапэр зыщIахэм ящыщ зыщ композитор Шостакович Дмитрий.
1 октября, 2026 - 10:30
Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу мы мазэм. Абы и уэрэджыIэкIэр зэ зэхихауэ зигу дэмыхьарэ, езым хуэзауэ и Iэдэбагъым имытхьэкъуарэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Бгъэдэлъ зэчиймрэ езым и хьэл-щэнымрэ я фIыгъэкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьэу Урысей псом цIэрыIуэ щыхъуа ди лъэпкъэгъу артистыр нобэ щапхъэ зытраххэм ящыщщ, зи творчествэм пщIэ хуащI уэрэджыIакIуэ нэсщ.
1 октября, 2026 - 10:00
ПсалъэщIэхэм ди гъащIэм Iэмэпсымэ къызэрыхыхьар къыдагъащIэ, ауэ жьыуэ къэтлъытэхэм я фIыгъэкIэ, ди япэ итахэр зэрыIэбэу щытахэр къыдощIэж.
Псалъэм папщIэ, зи бжэр дымыгъэзагъэ «холодильник»-м щхьэкIэ «щIыIалъэ» фIэщыгъэр къызэрагупсысрэ илъэс бжыгъэ дэкIа пэтми, ар жызыIэр мащIэ дыдэщ. Иджы унагъуэ куэдым щызэрахьэ «морозильник»-м щхьэкIэ, 2021 гъэм къыдэкIа «Урыс-адыгэ псалъалъэ иным» «гъэщтылъэ» псалъэр къыдет. Бзэм унафэ зыхууигъэщIын и хьэлкъым, текIуэнур нэхъыбэрэ ягъэкIэрахъуэрщ. Ауэ мыбдежым «мылэщ» зэрыдиIари къэдвгъэщIэж.
1 октября, 2026 - 09:00
Жэпуэгъуэм и 1, махуэку
♦Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэщ
♦Макъамэм и дунейпсо махуэщ
♦Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
♦Кофем и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и лъэсыдзэхэм я махуэщ
♦1906 гъэм къалъхуащ къэбэрдей тхакIуэ, драматург Нало Жансэхъу.
♦1937 гъэм къалъхуащ дзэ къулыкъущIэ, генерал-майор Хъуэт Владимир.
|