Календарь событий

02 октября 2026

Адыгэшымрэ адыгэлIымрэ

Адыгэшымрэ адыгэлIымрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ хъу зэпытурэ къокIуэкI лIэщIыгъуэкIэрэ. Гъэ къэси адыгэ зэрыс хэгъэгухэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызэрагъэпэщ, лIы щыпкъэхэр щызэпоуэ, шы лъэрызехьэхэм я зэфIэкIхэр щагъэунэху. Апхуэдэу иджыблагъэ Адыгэ Республикэм щрагъэкIуэкIащ «Шэрджэс зекIуэ - Фыщт 2026» зи фIэщыгъэ Iуэху дахэр. Гуапэ зэрыхъущи, абы щытекIуар Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ щIалэщ. Абы теухуа хъыбар къытхуитхыжащ ГъукIэкъул Иринэ.

Зи хабзэ зыхъумэж лъэпкъыр зэманым токIуэ

Адыгэм и IэпщIэлъапщIагъэр, псом хуэмыдэу дыщэидэр, сыт щыгъуи лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я зы Iыхьэшхуэу щытащ. Иужьрей илъэсхэм а пасэрей IэщIагъэхэм хуаIэ гукъыдэжым зэрызиIэтыр долъагъу.

ЗэрытщIэщи, адыгэхэм я IэпщIэлъапщIагъэр жыжьэ къыщожьэ. А гъуазджэр зым адрейм иритурэ къекIуэкIащ. Пасэм щыгъуэ дыщэидэр уи пщIэр зыхуэдизыр къэзыгъэлъагъуэ, хъыджэбз гъэсэкIэм щыщ Iэмалт. ЦIыхубз IэпщIэлъапщIэм и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ хьэпшыпми лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм я зы Iыхьэ гуэр хэлът.

Iэдэбым сыт щыгъуи и чэзущ

 «Уи гуащэр тIэкIу къэгъапцIэ», -  жраIэ къыщIэкIынт нысащIэми, езым: «Сэ сыпцIыупскъым», - яфIыжиIэрт. «ЯхуэбзэIэфI, нэгъуэщI мыхъуми, уабгъэдэтыху тIэкIу яхуэгуфIэ» чэнджэщхэр зраIуэкIым и жэуапыр нэхъ кIэщIт:  «Сэ напитI зесхьэнукъым!»

Адыгэхэм я хьэдэщIэлъхьэр

Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэхэм я фIэщхъуныгъэр мажусий диным хэлъу къежьащ. ИужькIэ адыгэхэм къащIихуащ чыристан диным ижь, итIанэ къызэдащтащ муслъымэныгъэр. Ауэ, сыт хуэдэ дин имыIыгъами, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдокIуэкI езым и хабзэмрэ и щэнымрэ. Ар нобэм къызэрихьэсар и щыхьэтщ лъэпкъ къэс езым и щыIэкIэ-псэукIэ къызэрыдигъэщIамрэ ар и лъым, хухэмыхыну, зэрыхэтымрэ.

Текlуэныгъэр ягъэлъэпIащ

Абхъаз Республикэм и Текlуэныгъэмрэ Щхьэхуитыныгъэмрэ я махуэр фокIадэм и 30-м Iэтауэ ягъэлъэпIащ. 1993 гъэм а махуэм Абхъаз армэм и дзэлIхэм Ингур псым и Iуфэм нэсри, я къэрал ныпыр яIэтат. Абхъазхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэщ ар.  А махуэр Апсным и тхыдэщIэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэ хъуащ. Къэралыгъуэ щхьэхуэ хъуа Республикэм нобэ иIэ хъугъуэфIыгъуэхэр куэдщ. МащIэкъым а лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм щIита уасэр икIи цIыкIукъым. Абы я щхьэр халъхьащ лъэпкъым и къуэ пажэ щэ бжыгъэхэм.

Нобэ

Жэпуэгъуэм и 2,

мэрем

Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ

Социальнэ егъэджакIуэм и махуэщ

УФ-м цIыхухэм IэщIагъэ егъэгъуэтынымкIэ и лэжьакIуэм и махуэщ

Лъэсу къэкIухьыным и дунейпсо махуэщ

1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Тут Заур.

1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Ерчэн Исуф.

Тхылъым пщIэ хуэпщIмэ

Мэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIащ тхылъыр зи Iэпэгъухэм, ар фIыуэ зылъагъухэм я зэIущIэшхуэ, «Утыку плъыжь» зи фIэщыгъэ XI тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтащ тхылъ тедзапIэ 400-м щIигъу.

Узэгугъур къогугъуж

Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжамрэ Совет къралыгъуэм и ныпыр бгы щыгум щытрагъэувамрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу къэрал къулыкъущIэхэм «Кавказым папщIэ ди псэр ттащ» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэ гъэщIэгъуэныр къыхалъхьауэ щытат.