Календарь событий

03 октября 2026

Хуадэнукъым хабзэншагъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м шынагъуэншагъэр къы­щызэгъэпэщынымкIэ, коррупцэм щыпэ­щIэтынымкIэ, хабзэр къызыхуэ­тыншэу щыгъэлэжьэнымкIэ зэзыгъэуIу зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Пре­зи­дентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. 

Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэм

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым Налшык щиIэ и къудамэм щагъэлъэпIащ зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэр - нэхъыжьхэр кърагъэблагъэри ерыскъы IэнэкIэ ягъэхьэ-щIащ, макъамэкIэ, уэрэдкIэ, къафэкIэ я нэгу зрагъэужьащ.

Ехъуэхъуащ еджапIэщIэр яхуэугъурлыну

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык къыщызэIуахащ Урысей МВД-м и Къэбэрдей-Балъкъэр институт. Iуэхугъуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэ­хуэсым кърихьэлIа хьэщIэ лъа­пIэхэм ящыщщ УФ-м къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кубышкэ Владимиррэ Урысейм и ­МВД-м Кавказ Ищхъэрэ фе-деральнэ щIыналъэмкIэ и Уп­рав­ленэ нэхъыщхьэм и уна­фэщI Бачурин Сергейрэ.

ЩIэблэр щаущий зэIущIэхэр

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Модельнэ библиотекэм щекIуэкIащ Донецк, Луганск республикэхэр, Запорожскэ, Херсон областхэр Урысей Федерацэм къызэрыгухьэжам теухуа зэIущIэ. 

Зихъуэжынущ хьэрычэтыщIэхэм я лэжьэкIэм

КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс зи чэзу зэIущIэр дыгъуасэ иригъэ­кIуэ­кIащ. Абы хэтащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим.