Календарь событий

06 октября 2026

Спорт хъыбархэр

Урысейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтынухэр

Ставрополь крайм и Кисловодск къалэм (Нартсанэ) щекIуэкIащ панкратионымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди кэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 600-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 14-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэмрэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ спортсмену 80 икIи гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ.

ПэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымрэ зегъэужьынымрэ ехьэлIауэ республикэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр 20I9 гъэм щегъэжьауэ щрагъэкIуэкI икIи 2024 гъэ пщIондэ а Iуэхугъуэхэр ягъэзэщIащ «Псы къабзэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

А пIалъэм къриубыдэуи ди щIыналъэм щаухуащ е къыщагъэщIэрэщIэжащ псы къабзэ къыщIэшыпIэу 25-рэ, псы хъумапIэу 2, бжьамийуэ яукъуэдиящ псори зэхэту километри 181,7-рэ. Апхуэдэ лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ цIыху мин 27,3-рэ псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъуащ.

Мэкъумэш хъыбархэр

   Бжьыхьэсэм щIадзэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэм щIадзащ.  НобэкIэ гектар мини 2-м щIигъум гуэдзыр, хьэр, рапсыр тращIащ. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, адрей илъэсхэми хуэдэу, етIанэгъэ кърахьэлIэжыну гъавэм гектар мин 60 хуэдиз мы гъэм хухахынущ.

 ЖыпIэнурамэ, гуэдзым гектар мин 44-м нэблагъэ, хьэм – гектар мини 10, рапсым – гектар мини 5,5-рэ иратынущ. Ахэри ипэ ита илъэсхэм щыIа бжыгъэхэм хуэдизщ.

Шордакъдэсхэм я «Адыгэ унэр»

 

Шордакъ къуажэм къыщызэIуахащ «Адыгэ унэ» IуэхущIапIэр. Абы щрагъэкIуэкIынущ адыгэбзэр, щэнхабзэр, хабзэр егъэфIэкIуэным хухэха зэIущIэхэр, пшыхьхэр, дерсхэр – щIэблэр лъэпкъ гупсысэм хуэунэтIыным хуэгъэпсауэ лэжьэнущ. IуэхущIапIэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмкIэ и къудамэр къэзыуха Жанкъазий Аринэ.

Улъыхъуэмэ, къэбгъуэтынущ

Хэку зауэшхуэр щIэх-щIэхыурэ зызыхуэдгъэзэж къэхъугъэхэм ящыщщ. Абы дыщIыхуеплъэкIыжым, пэжыр къэтлъыхъуэу архив гъэтIылъыгъэхэм къыхэкIыж дэфтэрхэм къыщIэтIэтыжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри къэкIуэнумкIэ дызэрыплъэрщ, къытщIэувэ щIэблэм мамырырыгъэр тегъэщIапIэ зыщI дунейр къахуэдгъэнэну дызэрыхущIэкъурщ. Апхуэдэ къалэнщ зыхуигъэувыжари Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапIэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым иджыблагъэ щригъэкIуэкIа щIэнIуатэми.

Кушыкурэ Мэтрэ тхьэлъанэ зэхуащI

 

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэд тезыгъэкIуэда, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым ЩэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий тхылъ зыбжанэ дунейм къытригъэхьащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» зыфIищари. Аращ  къызэрытхыжыр «Кушыкурэ Мэтрэ» жыхуиIэ Iуэтэж телъыджэр...    

… Кавказ зауэжьым цIэрыIуэ щыхъуа Ажьджэр (Ажьджэрий) и къуэ Кушыкупщым, зым и щIыб адрейм ихъумэжу, дэгъуэгурыкIуа лIы къэмыланджэт Сэфралыкъуэ Мэт.

Зэгуэр зыщIыпIэ зэдэщыIауэ а тIур къыщыкIуэжым, Мэт Кушыку, елъэIу щIыкIэу, зыхуегъазэ:

Тхыдэр и тегъэщIапIэт

ТхакIуэ Кърым-Джэрий и тхыгъэхэр щIэщыгъуэ зыщIыр бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм щыщ къэхъугъэ гъэщIэгъуэнхэр удихьэхыу къызэриIуэтэжырщ. Апхуэдэу и документальнэ очеркыр зытеухуам здытепсэлъыхьым ди нэгу къыщIегъэувэф адыгэхэм я дуней тетыкIэр, я шыфэлIыфэр, лIэнкъэнэну бийм пэщIэува и лъэпкъым хуэмурэ и «куцIыр» зэрыткIур, итIани «лIэн, е лIын» жиIэу, къызэрымыланджэр…

Адэшхуэм хуэфащэ къуэрылъху

Къуныжь Хьэждал и цIэр зэхэзымыха ди лъэпкъым хэт къыщIэкIынкъым. Ар адыгэ уэрэдыжьхэм я хъумакIуэу псэуащ, щIэблэм я деж ахэр нихьэсащ. Абы и макъыр республикэм и щэнхабзэм къыгуэхыпIэ имыIэу щыщ хъуащ, и уэрэдхэм яфIэфIу ди зэманми йодаIуэ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 6, гъубж

Ущыпсэуну къезэгъ щIыпIэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

1946 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик КIадэ Азэмэт.

Дунейм и щытыкIэнур

 «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 19, жэщым градуси 7 - 9 щыхъунущ.

 

  Лъэпкъ Iущыгъэ:

Цlыхугъэншэм удэпсэу нэхърэ цlыхугъэ зиlэм удэкlуэд.