Календарь событий

11 октября 2026

ЦIыху гуапэ

ФIым хущIэкъур, фIым хуозэ. Апхуэдэ   цIыхум уэри къару къыпхилъхьэу къыпфIощI. Нобэ фэзгъэцIыхунур апхуэдэущ сэ зэры­зыхэсщIар.
Тырныауз къалэм къыщалъхуа, Ленинград областым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и кол­ле­джыр къэзыуха, зи Iэзагъэм онлайн курскIэ хэ­зыгъэхъуа, жиIэ уэрэдхэм я нэхъыбэр зи Iэдакъэ къыщIэкIыжа Шэрхъ Любэ тедгъэп­сэлъыхьащ и гъащIэм, и лэжьыгъэм. 

Лъэужь нэху

Дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэр къэзыгъэщIыр цIы­хурщ. Езыр-езыру къэхъу, зызыужь, ефIа­кIуэ Iуэхугъуэ зэрыщымыIэри и щыхьэтщ абы - псоми я щIыбагъ къыдэлъщ цIыху щхьэхуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэ, зэфIэкI, гуащIэ. Ап­хуэ­дэ­хэр щыпсэуми адрейхэм къахощхьэхукI я Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ, щыщымыIэжми, абыхэм я цIэр цIыхугум, жылагъуэ гупсысэм къыхонэ куэдрэ хэмыгъуэщэжын лъэужь нэхуу. Зи гугъу тщIы цIыху гуащIафIэхэм ящыщащ егъэ­джакIуэ нэсу, щIэблэм я унэтIакIуэ Iущу зи гъащIэр езыхьэкIа Гугу (Бэщло) Людмилэ Данил и пхъур (1928-2024).