Календарь событий

13 октября 2026

ЩIыналъэм щыхъыбархэр

 

Проценти 9-кIэ хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хэт и IуэхущIапIэхэм (МСП) ящыщу республикэм и туризм IэнатIэм щылажьэхэм я бжыгъэм проценти 9-кIэ хэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIам елъытауэ е 475-рэ хъуащ.

Абыхэм ящыщу IуэхущIапIэ 300-м щIигъум цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыбэу зэпхар хьэщIэщхэмрэ санаторэ-курортхэмрэщ, адрейхэр - туроператорхэмрэ турагентствэхэмрэщ.

Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуа

 Къэбэрдей усыгъэр зыгъэбжьыфIэ бзылъхугъэ телъыджэхэм ящыщ зыщ ХьэIупщы Лолэ. 1929 гъэм Сэрмакъ къыщалъхуа Лолэ школ нэужьым колхозым щылэжьащ. Псэемыблэжу абы хилъхьа и гуащIэм къыпэкIуэу 1946 гъэм ХьэIупщым къратащ «За трудовую доблесть» медалыр. ИужькIэ Лолэ зэрихъуэкIащ лэжьыгъэ IэнатIэ зыбжанэ. Ауэ дэнэ щымылэжьами, абы усэ тхыныр зэи IэщIыб ищIакъым. И усэхэр куэдрэ къытехуащ газетхэм, журналхэм. ХьэIупщым и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжани къыдэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Жэналъкъы псынэ», «ЦIыхубз насып», «Анэм и гуащIэ», нэгъуэщIхэри.

Къарур имыухыурэ гъащIэр иухащ

ТхакIуэ, усакIуэ адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 97-м иту дунейм ехыжащ 2026 гъэм и фокIадэм. Ар зигу щIэмыхьа зы адыгэ хэкуми искъым, хамэ къэралхэми щыбгъуэтынукъым. Зи узыншагъэкIи, акъылкIи, зэфIэкIкIи иджыри жан лIы щыпкъэм и къарур имыухыурэ и гъащIэр иухауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ абы къытхуигъэна щIэиным дэ иджыри Iэджэрэ къытхэту къытщигъэхъунущ. И ныбжьыр илъэс 85-рэ хъууэ махуитIым къриубыдэу интервью къеIысхауэ щытат Исхьэкъ, газетым и напэкIуэцIитIыр иубыдуи стхыжат.

Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщ

Пасэрей Алыджым и гъуазджэр дуней псом нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнхэм хабжэ.

Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Шэджэм къалэм и къуажапщэм спорт утыкущIэ щаухуэ. Къэралым цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ 2025 гъэм ирагъэкIуэкIа урысейпсо интернет IэIэтым ар щытекIуауэ щытащ.

Гупыр зыгъэгуп

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ къэмылэнджэжу пэрыт ди нэхъыжьыфIщ Мазокъуэ Владимир. 1946 гъэм Хьэмидей къуажэм къыщалъхуа щIалэм зэрыцIыкIурэ ищIэрт щIакхъуэ Iыхьэм и уасэр.

ЛэжьакIуэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыщыхъуа Владимир езыр-езыру КъБКъУ-м ухуакIуэ IэщIагъэм щыхурагъаджэ и факультетым щIэтIысхьат, и гъащIэри а IэнатIэм хухихащ. Къыхэдгъэщыну дыхуейт мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа Мазокъуэр ноби жыджэру и лэжьыгъэ IэнатIэм зэрыпэрытыр.

Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм деж

Детективым и гуащэ Кристи Агатэ  дунейм зэрехыжрэ илъэс 50 ирикъуащ мы гъэм. Абы зыгуэркIэ епхауэ къэплъытэ хъунущ тхакIуэм и лIыхъужь цIэрыIуэ Пуаро Эркюль и ролыр нэхъ Iэзэу зыгъэзэщIа Суше Дэвид илъэс 80 зэрырикъуари.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм цIыхухэм

Зэрызахуигъазэ

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У Н А Ф Э

В соответствии с подпунктом 3 пункта 2 статьи 396 Земельного кодекса Российской Федерации, Законом Кабардино-Балкарской Республики от 16 ноября 2015 г.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

28 августа 2026 г.   № 130-ПП    г. Нальчик 

О внесении изменений в состав межведомственной комиссии по обеспечению реализации

приоритетного проекта «Формирование современной городской среды» 

Правительство Кабардино-Балкарской Республики п о с т а н о в л я е т:

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 13,  гъубж

ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ

1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.

1891 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, нартыхугъэкI цIэрыIуэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэщIэлI Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур