Календарь событий

02 ноября 2026

Я дагъуэхэм гу лъарегъэтэж

Эзоп и басняхэм куэд щыгъуазэщ. Абы и тхыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар цIыхухэм яхэлъ хьэл мыхъумыщIэхэрт - нэпсеягъэм, фейдэлъыхъуэм, къузгъуныгъэм, фыгъуэм. А и IэдакъэщIэкIхэмкIэ цIыхухэр зыщIигъэгупсысыжыну, я дагъуэхэм гу лъаригъэтэжыну хэтт. Абыхэм ящыщ зыбжанэ адыгэбзэкIэ итхыжащ Хьэту Пётр.

 

Бгъэмрэ бажэмрэ

ХабзэщIэ къыдэкIащ

Къэралым бзэм теухуауэ иригъэкIуэкI политикэм зэхъуэкIыныгъэ къызэрыхэхуам теухуауэ экспертхэм хъыбар къыдагъащIэ. Ар епхащ УФ-м и Президент Путин Владимир «Къэралым иригъэкIуэкI бзэ политикэм епхауэ, 2025 гъэм, бадзэуэгъуэм и 11-м къащта унафэ №474-м зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьэм теухуа» дэфтэрым Iэ зэрыщIидзам.

Гулъытэ ягъуэт

ЩIыналъэ хъыбархэр

 

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэхэм ящыщу 5879-м я бынхэр сабий садхэм зэрыщаIыгъым щхьэкIэ щIата пщIэм и Iыхьэ гуэрхэр къэралым яхуипшыныжащ икIи псори зэхэту сом мелуан 74-рэ ар хъуащ.

КъэкIуэнум уегупсысмэ…

ЦIыхум и блэкIар къетIэщIыжыф, тхыдэр еджыф, ауэ хэт ищIэрэ къытпэщылъыр, илъэси I00 дэкIмэ дунейр зэрыщытынур, цIыхум и теплъэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэр, щIэуэ къигупсысынур?

КъызэрыщIэкIымкIэ, къэкIуэнур зыдж щIэныгъэлIхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, Канадэм и МакГилл университетым иIэщ Лайон Кристофер зи унафэщI щIэныгъэлI гуп, ЩIым и атмосферэмрэ дунейпсо псымрэ ягъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр зыджыр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, 2500 гъэм ирихьэлIэу дунейр апхуэдизкIэ пщтыр хъунущи, языныкъуэ щIыпIэхэм къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ щисыжынущ.

Сабиигу

Си ныбжьэгъу Пщыунэ Эммэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къиIуэтэжу Интернетым кърелъхьэ. Ар тхакIуэкъым икIи усакIуэкъым. И гупсысэхэмрэ гукъэкIыжхэмкIэ цIыхухэм ядэгуэшэну зифIэфI егъэджакIуэщ. Фи пащхьэ изолъхьэ абы зэгуэр къиIуэтэжа, гукъинэ сщыхъуа зы хъыбар.

***

Илъэсибл сыхъу къыщIэкIынт абы щыгъуэ… ЦIыхухъу губжь слъагъуу, ар шынэу къыщысхуинам.

Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…

Бзэр псэухукIэ - лъэпкъыр псэущ. Ар хъумэным гулъытэ хэха щиIэн хуей зэмани дыхэхуауэ жыпIэ хъунущ. Нобэ къыдэкIуэтей щIэблэр анэдэлъхубзэм зэрыдебгъэхьэхыфыну Iэмалхэм ящыщщ лъэпкъ джэгукIэхэри, таурыхъхэри, хъыбарыжьхэри, къуажэхьхэри. Сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ тхьэмахуэр къэсащи, тфIэигъуэу къуажэхьхэм щыщ дигу къыдогъэкIыж, адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ зэгъусэу къедгъэпщытэжыныр ди мураду.

ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр

2005 гъэм щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 4-м Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Ар къытехъукIащ 1612 гъэм Минин Кузьмарэ Пожарский Дмитрийрэ я пашэу Москва хуит къызэращIыжауэ щытам. Польшэ Литва дзэр Урысейм къыщытеуэм, Урысейм и цIыхубэр къызэрыIэтащ, нэгъуэщI къэралым и унафэм щIэувэну хуэмейуэ. 1611 гъэм фокIадэм Нижний Новгород щыщ земскэ старостэ (иджы куей унафэщIым и къулыкъум хуэдэ) Минин Кузьма цIыхубэм захуигъэзат зауэлI зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщыну. Къалэдэсхэм зэгухьэныгъэ Iуэхум халъхьэу щIадзащ я лэжьапщIэм и Iыхьэ щанэр.

Спорт хъыбархэр

Блашэр дунейпсо чемпионщ

Колумбием и къалэ Картахенэ иджыблагъэ щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 76-м я спортсмену 1700-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытагъым хуэунэтIауэ зэфIэхыпхъэхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну зэзыгъэуIу штабым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №21-РГ-мкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Абрэдж I. Хь. - Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Ащхъуэт А. М. - Налшык къалэ округым и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 2, блыщхьэ

1940 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молэ Владимир.
1947 гъэм
къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.
1951 гъэм
къалъхуащ геолого-минералогие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, Тыркумэнымрэ УФ-мрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Абыкъуэ Лейлэ.
1957 гъэм
къалъхуащ усакIуэ Лъостэн Музэ.