|
|
Календарь событий
03 ноября 2026
3 ноября, 2026 - 14:58
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Муниципальнэ, къалэ округхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ я органхэм я лэжьыгъэм и фIагъыр къэлъытэным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2008 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м къыдигъэкIа Указ №607-м къыщыгъэлъэгъуахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэзэщIэн папщIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм ятеухуауэ» 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №85-УГ-м и преамбулэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
3 ноября, 2026 - 13:50
Нобэ адыгэхэм уащрихьэлIэнущ дуней псом: Тыркум, Иорданием, Сирием, Германием, США-м, нэгъуэщI къэралхэми.
Израилым щыIэ ди лъэпкъэгъухэр нэхъ мащIэщ (ахэр Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ щхьэхуэу дэсщ), ауэ абдеж гъэщIэгъуэну нэхъ щахъумэфащ адыгэхэм я лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, ялъэкIащ нэгъуэщIхэм яхэмышыпсыхьыжыну.
3 ноября, 2026 - 12:26
Iуэтэж
ХьэпшыпыфI зыщI фирмэ псори я дамыгъэхэмкIэ къыбоцIыху. «Эпл»-м и мыIэрысэ ныкъуэшхыр, «Билайн»-м и бжьэр, «Адидас»-м и тхьэмпищыр – куэд мэхъу нэм едэхащIэ, гур зыгъэхуабэ, щэн-щэхуэнми мыхуэмыхуу хуэщхьэпэ а сурэт цIыкIухэр.
3 ноября, 2026 - 12:26
Нобэ къэдмыгъэсэбэпыж псалъэ куэд ди бзэм хэтщ. Сыт а псалъэхэр цIыхухэм щIаIурымылъыжыр? Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэр ахэр зи фIэщыгъэ хьэпшыпхэр е абыхэм къагъэлъагъуэ Iуэхухэр нобэрей ди гъащIэм зэрыхэмытыжырщ е зэзэмызэххэ фIэкIа дызэрыримыхьэлIэрщ. Апхуэдэ псалъэхэр зэхуихьэсыжри, я мыхьэнэхэри къигъэлъагъуэу, тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIауэ щытащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Думэн Хьэсэн. Абыхэм ящыщ зыбжанэм щыгъуазэ фыхуэтщIынщ.
3 ноября, 2026 - 11:18
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ щIыналъэм и автомобиль гъуэгухэм ящыщу щIыпIитIым деж ахэр щыIэ мардэхэм хуагъэкIуэнущ, псори зэхэту километр 8,I-рэ я кIыхьагъу. Ахэр Бахъсэн – Къэрэгъэш автомобиль гъуэгумрэ (километри 2,85-рэ), езы Къэрэгъэш къуажэм хуэкIуэмрэщ (километри 5,25-рэ).
Мы щIыпIэхэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгухэр зэтес ящIынущ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, гъуэгубгъухэр зыхуей хуагъэзэнущ, дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ. Абы щыпэрыхьэнур етIанэгъэ и пэщIэдзэрщ.
3 ноября, 2026 - 09:58
Иужьрей илъэс зыбжанэм псори щыхьэт дытехъуащ вирусхэр цIыхум зэран зэрахуэхъумрэ абы кърикIуэмрэ. Ахэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, зым упэщIэтыху зэротIэпIыкIри, нэгъуэщI теплъэ егъуэт, зэрызихъумэжыным иужь иту. Дэнэ къыздикIыр зым нэхърэ адрейр нэхъ гуащIэжу къыдэбгъэрыкIуэ вирусхэр? Сыт абыхэм ятеухуауэ щIэныгъэм къитIэщIар? Дауэ дызэрыпэщIэувэфынур?
3 ноября, 2026 - 09:58
2026 гъэм и щIышылэм – фокIадэм Къэбэрдей-Балъкъэрым туристу мелуан I,56I-рэ къэкIуащ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ процент I,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хьэщIэ нэхъыбэ здэщыIар Шэджэм районырщ. Абы зыщызыгъэпсэхуахэм, зыщызыплъыхьахэм я бжыгъэм процент 20-кIэ хэхъуащ. Абы къыкIэлъыкIуэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIа туристхэм я бжыгъэр проценти 4,5-рэ нэхъыбэ хъуащ.
КъищынэмыщIауэ, туристхэр щыкуэдщ псы хущхъуэхэр къыздыщыщIэж щIыпIэхэм, псалъэм папщIэ, «Янтарнэ», «Джэдыкъуэ» зыгъэпсэхупIэхэм хуэдэхэм.
3 ноября, 2026 - 09:00
ЩэкIуэгъуэм и 3, гъубж
Щэхур хъумэным и дунейпсо махуэщ
1562 гъэм Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и щIалэ Думэныкъуэ и гъусэу Астрахань хъаным и деж кIуащ.
1931 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къратащ ВЦИК-м и щIыхь тхылъыр.
1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыд Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
|