Календарь событий

05 ноября 2026

Пасэрей адыгэбзэ щыIа?

Билалыкъуэ Алъпарслъэн япэу щыслъэгъуар 2010 гъэращ. «Гугъэ» театрым и  гупыр Къайсэр дыщылажьэрт. Табыщ Мурат итха «Гугъэм и лъагъуэ» пьесэм хэт дадэм и ролыр зыгъэзащIэмкIэ сигу загъэртэкъыми, адыгэбзэр игъэбзэрэбзэну зы дадэфI дыдэ къэтлъыхъуэрт.

- Уэлэхьэ, зыгуэр щыIэм, ауэ дауэ къэтшэжа хъуну?! - жиIащ ди гупым хэт Думэныщ Фэрит.

 - А щыIэр дэнэ здэщыIэр? Сыт иджыри къэс къыщIэдмышэжар?! – къызэрыгъуэтыжащ си гур.

ЩIы IэмыщIэ

 Хэкум и лъапIагъыр зыщIэр абы пэIэщIэу псэуа цIыхурщ. Псом хуэмыдэу щхьэхуимыту зи щIыналъэр зрагъэбгынахэм. Кавказым щыщ лъэпкъ куэдым я натIэ хъуащ хэхэс гъащIэр. Апхуэдэ зы Iуэхугъуэщ къыщыгъэлъэгъуэжар абхъаз тхакIуэ Лакербай Михаил и «ЩIы IэмыщIэ» тхыгъэм. Ар адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ тхакIуэ Къагъырмэс Борис.

ЗэхъуэкIыныгъэхэмрэ IэнатIэхэм я зыужьыныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм ягъэзэщIэну я пащхьэ иралъхьэ программэхэм еджэныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэри зрагъэгъуэт IэщIагъэм епха есэныгъэхэри зэрыщызэхэтыр.

УцIыхуну нэхъ тыншщ

Бадзэр цIыхукъым, бадзэну хуитщ. Ирелъатэ, ирешхэ, кърелъэтыхь, ари Алыхьым къигъэщIащ. Си Iуэху зезымыхуэ бадзипщIи схуэшэчынущ сэ. Сигъэлэжьамэ, нэхъыбэ сыхуейкъым. И щхьэ хуэджэгужу къилъэтыхьын, якIэрыхуа IэфI гуэрым ебзеин, зэзэмызэ зиущэхуу жеин фIэкIа, дэзыхьэх нэгъуэщI  Iуэху зэримыIэм хуэдэу, Бадзэ си бзыпхъэхэм къытетIысхьэрт, си машинэ мастэм епэщэщырт, здар къитIэпIыжыну хэтым ещхьу, зесхьэ щэкIыу хъуам и «джэдынэхэр» ятезт. 

Иджырей уэздыгъэхэр падзэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ, муниципальнэ гъуэгуу псори зэхэту километр 70-м щIигъу къызэщIагъэнэхуэнущ дызыхэт илъэсыр и кIэм нэсыху. Иджырей уэздыгъэхэмкIэ ахэр къызэщIагъаблэ республикэм и гъуэгу инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымрэ зегъэужьынымрэ, машинэхэр зезыгъакIуэхэмрэ лъэсрыкIуэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным япкъ иткIэ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 5, махуэку

Урысейм Дзэ тIасхъэщIэхым и махуэр щагъэлъапIэ

1867 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, полковник, I9I0 – I9I7 гъэхэм Налшык округым и унафэщIу щыта Къылышбий СулътIанбэч.

1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график Къып Мухьэмэд.

1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Истамбыл щыIэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХэхакIуэ комиссэм хэтым и кандидатурэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыщыхалъхьэн папщIэ Урысей Федерацэм и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм хуегъэхьыным теухуауэ

Уней IуэхущIапIэхэм заужь

2026 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатум хэт и уней IуэхущIапIэхэм (ИП), автомобилхэмрэ мотоциклхэмрэ зыщэхэр яхэмыту, я бжыгъэм процент 0,4-кIэ е 28-кIэ кIэрыхуащ икIи 6850-рэ ахэр хъуащ,  къитащ Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм.

  Къэбгъэлъагъуэмэ опт, розницэ сатум хэт ИП-хэм я бжыгъэр, автотранспортхэмрэ мотоциклхэмрэ зэзыгъэпэщыжхэри яхэту, процент 0,4-кIэ е 13-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ икIи ар 8205-м нызэрыхьэсащ.