|
|
Махуэгъэпс
19 марта, 2026 - 04:07
Гъатхэпэм и 19, махуэку
Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм и псыщIагърыкIуэ кхъухьхэм къулыкъу щызыщIэхэм я махуэщ
1930 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ Билал.
1945 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДзыхьмыщI Зарэ.
Дунейм и щытыкIэнур
18 марта, 2026 - 06:39
Гъатхэпэм и 18, бэрэжьей
♦1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ округым и лъэпкъхэм я I съездыр.
♦1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр зыхуагъэфэща Хъупсырокъуэ Хъызыр.
♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.
17 марта, 2026 - 09:26
Гъатхэпэм и 17, гъубж
Адыгэ Республикэм и парламентаризмэм и махуэщ
1918 гъэм къызэIуахащ Тэрч щIыналъэм ис лъэпкъхэм я II съездыр.
1938 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дыгъужь Мыхьмуд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 4 - 5 щыхъунущ.ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
16 марта, 2026 - 12:02
«Псыежэххэм я махуэ» зыфIащар къыщащтар Ныджэхэр зэрыIуащIэм пэщIэтынымкIэ япэ дунейпсо зэIущIэу Бразилие къэралыгъуэм и Куритибэ къалэм 1997 гъэм щекIуэкIарщ.
16 марта, 2026 - 07:49
Гъатхэпэм и 16, блыщхьэ
1942 гъэм къалъхуащ УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Лий Адэлджэрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 7, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
14 марта, 2026 - 12:13
Даргом (Даргъом) – осетиныбзэм «гъуэгу кIыхь» мыхьэнэращ къыщикIыр. Адыгэхэм «Дэргъуэм ауз» жаIэ.
13 марта, 2026 - 10:41
Гъатхэпэм и 14, щэбэт
Адыгэ тхыбзэм и махуэщ
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.
1913 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, Куржымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Гулиа Георгий.
1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, КъБР-м щэнхабзмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
13 марта, 2026 - 09:26
Гъатхэпэм и 13, мэрем
Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ Владимир.
12 марта, 2026 - 06:29
Гъатхэпэм и 12, махуэку
ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ
Жьэжьейм и дунейпсо махуэщ
Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.
11 марта, 2026 - 06:00
Гъатхэпэм и 11, бэрэжьей
УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.
Дунейм и щытыкIэнур
Страницы
|