|
|
Махуэгъэпс
26 июня, 2026 - 12:30
IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ (рационализаторхэмрэ) Iэмалхэм зезыгъэубгъухэмрэ (инженерхэмрэ) я махуэр 1979 гъэм къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и иужьрей щэбэтым ягъэлъапIэ. 2026 гъэм ар зытехуар мэкъуауэгъуэм и 27-рщ.
Рационализаторхэмрэ инженерхэмрэ я махуэр гъэ къэси гъэлъэпIэным ехьэлIа унафэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищтат. БлэкIам къызэрыхэщыжымкIэ, а зэманыр зыужьыныгъэм ехьэлIа сыт хуэдэ жэрдэмри ди къэралым псынщIэ дыдэу щыпхагъэкI лъэхъэнэт.
26 июня, 2026 - 12:00
ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 27-р я махуэу къалъытэ IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ.
Мы Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр ЩIы Хъурейм къэралу тетым я экономикэр IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зэпIэзэрыт зыужьыкIэрэ щытыкIэрэ яIэным зэрелъытар къэгъэнэIуэнырщ.
26 июня, 2026 - 09:22
Мэкъуауэгъуэм и 26, мэрем
♦Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
♦1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм къалэм и япэ санаторэ къыщызэIуахащ.
♦1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
♦1938 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Абдокъуэ Маталио.
25 июня, 2026 - 06:30
Мэкъуауэгъуэм и 25, махуэку
ХыдзэлIым и дунейпсо махуэщ
Славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ
1939 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и профессор, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Агъырбэ Юрэ.
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист Нэхей Руслан.
24 июня, 2026 - 13:14
Мэкъуауэгъуэм и 24, бэрэжьей
ТекIуэныгъэм и Парадыр щекIуэкIа махуэщ. I945 гъэм Москва и Утыку Плъыжьым ирикIуащ СССР-р Германием зэрытекIуам и щIыхькIэ къызэрагъэпэща парадыр.
1923 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ КIэрашэ Зейнаб.
1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр АфIэунэ Алий.
24 июня, 2026 - 11:00
БлэкIа жыжьэм псэуахэми гу зэрылъатауэ, гъэм и кIыхьагъкIэ Дыгъэм и зыгъэзэкIэм зехъуэж, щIымахуэм дызэригъэхуабэ щымыIэми, гъэмахуэм лъагэу уафэм зыщиIэтрэ и бзий нэхухэмкIэ къыдэгуэпылIэу.
ЩIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, ахэр псори зэлъытэжар ЩIы Хъурейр зэкIэрэхъуэкIыж и джэлэсымрэ Дыгъэр здэщыIэмрэ я зэхущытыкIэм илъэс псом и кIуэцIкIэ зэрызихъуэжырщ.
23 июня, 2026 - 04:43
Мэкъуауэгъуэм и 23, гъубж
Дунейпсо Олимп махуэщ
ООН-м къэрал къулыкъу щыщIэным и дунейпсо махуэщ
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэмыргуей Валентин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 15 - 18 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.
22 июня, 2026 - 14:25
Гидрографием и дунейпсо махуэр (World Hydrography Day) гъэ къэс мэкъуауэгъуэм и 21-м къэрал куэдым щагъэлъапIэ. Абы теухуа жэрдэмыр 2006 гъэм къыхэзылъхьауэ къалъытэр 1921 гъэ лъандэрэ лажьэ Гидрограф къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэрщ (International Hydrographic Organization, IHO). КIэлъыкIуэу ар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэми къыщащтащ.
22 июня, 2026 - 09:55
Мэкъуауэгъуэм и 22, блыщхьэ
Хэкур яхъумэурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.
1967 гъэм Налшык ПТУ №7-м и цIыхубз спортсменкэ 15 ди республикэм и къалащхьэм щежьэри, лъакъуэрыгъажэкIэ Ленинград кIуэну гъуэгу техьащ.
1939 гъэм къалъхуащ щIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Залиханов Михаил.
1941 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат КъуэщIысокъуэ Александр.
19 июня, 2026 - 09:24
Мэкъуауэгъуэм и 19, мэрем
1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Соблыр Андемыркъан.
1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и Правительствэм и саугъэтыр зрата БищIо Iэсият.
Дунейм и щытыкIэнур
Страницы
|