|
|
Махуэгъэпс
7 августа, 2026 - 12:30
ЩIыпIэдэлъху лъэпкъхэм - щалъхуа щIыналъэм щыпсэужхэм - я махуэр гъэлъэпIэнымкIэ унафэр 1994 гъэм и дыгъэгъазэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къыщащтат.
Зи гугъу тщIыхэм заужьынымкIэ, я хуитыныгъэхэм зегъэубгъунымкIэ Iэмалрэ хэкIыпIэу щыIэхэм лъыхъуэн щыщIадзар лIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэрщ. Ар кърикIуащ а лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиным, къэрал унафэр зи IэмыщIэ илъхэм лъэпкъ цIыкIухэм хуащI гулъытэм хагъэхъуэн зэрыхуейм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм щытепсэлъыхьа иужькIэ.
7 августа, 2026 - 10:44
ШыщхьэуIум и 7, мэрем
1646 гъэм адыгэпщ Черкасский Муцалрэ къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурдин-Джэрий и лагерым теуэри, зэтракъутащ.
1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псэ зиIэм уахътыи иIэщ.
6 августа, 2026 - 06:49
ШыщхьэуIум и 6, махуэку
Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ
Хиросимэ и дунейпсо махуэщ
«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.
1934 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).
5 августа, 2026 - 09:45
ШыщхьэуIум и 5, бэрэжьей
Светофорым и дунейпсо махуэщ
2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) къыщызэIуахащ XXXI гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 21 пщIондэ екIуэкIащ. Мудрэн Беслъэн дыщэ (дзюдо), Джэду Iэниуар дыжьын (бэнэкIэ хуит) медалхэр къыщахьат абы.
1900 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Салимэ.
1934 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон.
4 августа, 2026 - 14:10
Гъэ къэси хуэдэу, шыщхьэуIум и 4-р щIыпIэ куэдым дызыщримыхьэлIэ IэщIагъэм, спелеологием, ирилажьэхэм я махуэщ.
4 августа, 2026 - 04:58
ШыщхьэуIум и 4, гъубж
Зи закъуэу псэу лэжьакIуэ цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ
1905 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Рогавэ Георгий.
1914 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шыкъ Михаил.
3 августа, 2026 - 13:09
ГъущI гъуэгухэр - Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыпсэухэр нэхъ тыншу зэпызыщIэ, IэнатIэхэр гъэсыныпхъэкIи, ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIи щызэхъуажэ, къэралым и экономикэр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт, ипэкIэ зэрыбэкъуэным телажьэ Iэмал нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ.
3 августа, 2026 - 09:57
ШыщхьэуIум и 3, блыщхьэ
Хъарбызым и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ.
1994 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс.
1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата БжэIумых Хьид.
1939 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ КIэмыргуей Анатолэ.
31 июля, 2026 - 13:25
«МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я зэгухьэныгъэ» зыфIаща IэнатIэ щхьэхуэ япэ дыдэу къыщыунэхуар 1992 гъэращ. А Iуэхур къыхэзылъхьауэ къалъытэр Шотландием щыпсэу IэщIагъэлIхэу дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хуэщIын зэрыхуейм къыхуезыджэхэрат.
Дызэрыт лъэхъэнэм МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я дунейпсо махуэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэс бадзэуэгъуэм и 31-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэр щыщIагъэбыдар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм 2007 гъэм иригъэкIуэкIа и зэIущIэрщ.
31 июля, 2026 - 11:25
Мыр, зы гъэ къэмынэу, бадзэуэгъуэм и 29-м къэралхэм я нэхъыбэм щагъэлъапIэ.
2010 гъэм, «Къаплъэнхэм я саммит» зыфIащу, Санкт-Петербург щызэхаша зэIущIэм щызэхалъхьат 2010-2026 гъэхэм тращIыхьа программэу къаплъэн лъэпкъыгъуэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр гъэбэгъуэжын зэрыхуейм теухуар.
Страницы
|