|
Махуэгъэпс
8 февраля, 2022 - 06:00
Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Петербург ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Иджыпсту ар РАН-рщ.
Урысейм и дзэ топографым и махуэщ
Словением щагъэлъапIэ я щэнхабзэм и махуэр
Иракым и революцэм и махуэщ
1725 гъэм дунейм ехыжащ Урысейм и япэ император Пётр Езанэр.
1819 гъэм Санкт-Петербург университет къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къащтащ.
7 февраля, 2022 - 11:58
♦Тэтэрстан Республикэм и Гербым и махуэщ
♦Гренадэм и лъэпкъ махуэшхуэщ – щхьэхуит зэрыхъуар (1974 гъэм) егъэлъапIэ
♦1795 гъэм Хаджибей кхъухь тедзапIэм и цIэр Одессэу зэрахъуэкIащ.
♦1893 гъэм США-м щыщ инженер Крей Алан мафIэсыр зэрагъэункIыфI Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ дэфтэр иратащ.
♦1965 гъэм США-м щыщ боксёр цIэрыIуэ Клей Кассиус муслъымэн диныр къищтащ, иджыпсту дуней псом къызэрыщацIыху Мохаммед Али цIэри къыфIащауэ щытащ.
4 февраля, 2022 - 13:35
Нобэ
♦Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦Японием щагъэлъапIэ илъэсыщIэр къыщихьэ махуэр - Гъатхэм и махуэр
♦1719 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысейм щыпсэухэр бжыным теухуа унафэм. Нэхъапэм апхуэдэ лэжьыгъэ къэралым щрагъэкIуэкIатэкъым.
4 февраля, 2022 - 10:00
Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ зыщ адыгэхэр. Абыхэм я тхыдэмрэ хабзэмрэ я лъабжьэр къызэрежьэрэ илъэс мин куэд мэхъу, зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цIыхум я зэхущытыкIэр зэрызэригъакIуэри, къэзыухъуреихь дунейм сакърэ щысхьрэ хэлъу бгъэдыхьэу зэрыщытари.
3 февраля, 2022 - 06:40
Нобэ
1815 гъэм Швейцарием дунейм щыяпэу лэжьэн щыщIидзащ кхъуей щащI заводым.
1826 гъэм Грибоедов Александр Грозный быдапIэм щаубыдат, зыкъэзыIэта декабристхэм япыщIауэ щытауэ шэч хуащIри.
1920 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумапIэ.
1930 гъэм Вьетнамым и Коммунист партыр къызэрагъэпэщащ.
1945 гъэм Польшэм хыхьэ Одеррэ Вислэрэ псыхэм деж щекIуэкIа зауэшхуэр иухащ.
2 февраля, 2022 - 13:30
Дызэрыщыгъуазэщи, псыпцIэхэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэмрэ абыхэм щес къуалэхэмрэ яхуэсакъыныр мыхьэнэшхуэ зиIэщ. КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, псыпцIэхэр ящыщщ ЩIы хъурейм и биологие зэмылIэужьыгъуагъэм хезымыгъэгъэщI, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт къэщIыгъэ телъыджэхэм.
2 февраля, 2022 - 10:00
Нобэ
♦Псы-псыпцIэ щIыпIэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ. Нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэту Сталинград къалэм деж махуэ 200-кIэ советыдзэхэм щрагъэкIуэкIа зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ иухащ 1943 гъэм мазаем и 2-м.
♦Азербайджаным и щIалэгъуалэм я махуэщ
♦1536 гъэм Испанием щыщ Мендосэ Педрэ Ла-Платэ псым и Iуфэм деж щигъэтIылъащ Аргентинэм и иджырей къалащхьэ Буэнос-Айрес и лъабжьэр.
1 февраля, 2022 - 06:43
Нобэ
США-м щагъэлъапIэ Хуитыныгъэм и лъэпкъ махуэшхуэр
1816 гъэм декабристхэм «КъегъэлакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» зыфIаща я япэ щэхурылажьэ гупыр къызэрагъэпэщащ.
1829 гъэм Нэгумэ Шорэ Налшык къыщызэIуихащ сабий нэхъ акъылыфIэхэр щрагъэджэну школ.
1923 гъэм СССР-м щыяпэ ахъшэ хъумапIэр Петроград къалэм къыщызэIуахащ.
1924 гъэм Инджылызым СССР-р езым и ухуэкIэ зиIэж къэрал щхьэхуиту зэрыщытыр къилъытащ.
31 января, 2022 - 15:14
♦Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
♦ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
♦Интернетыр къыщамыгъэсэбэп дунейпсо махуэщ. ЦIыхухэр зы махуэкIэ нэхъ мыхъуми «дунейпсо хъым» къыхэшыным хуэгъэзауэ ягъэуващ.
♦Белоруссием щагъэлъапIэ ЩIэныгъэм и махуэр
♦1714 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Урысейм щыяпэ музейр – Кунсткамерэр.
♦1729 гъэм Истамбыл щытрадзащ хьэрып хьэрфхэр къагъэсэбэпурэ ятха япэ тхылъыр – тырку псалъалъэр.
29 января, 2022 - 12:39
♦Ядернэ зауэр мыдэным цIыхухэр хузэщIэгъэуIуэным и дунейпсо махуэщ
♦1943 гъэм советыдзэхэм Мейкъуапэ, Тихорецк къалэхэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
Страницы
|