|
|
Махуэгъэпс
12 января, 2026 - 08:56
ЩIышылэм и 12, блыщхьэ
Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ
1922 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс АО-р къэунэхуащ.
1916 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къатхъэн Чэрим.
1948 гъэм къалъхуащ ЩIДАА-м и академик, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр.
30 декабря, 2025 - 07:01
Дыгъэгъазэм и 30, гъубж
1931 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чым Юрэ.
1934 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я дохутыр Бер Мухьэдин.
1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тембот ФатIимэт.
Дунейм и щытыкIэнур
29 декабря, 2025 - 14:00
КъэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я махуэр ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ дыгъэгъазэм и 29-м ирырагъэхьэлIащ. Ар, Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэр, 1994 гъэ лъандэрэ къэрал псоми, Урысей Федерацэри хэту, щагъэлъапIэ. Мурадыр хуэгъэзащ, нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж къыщыщIэдзауэ цIыхухэм я деж щиухыжу, псэ зыIут псоми гъащIэ яIэну зэрахуэфащэм иджыри зэ дегупсысыным.
26 декабря, 2025 - 11:34
КъегъэлакIуэм и махуэр Урысей Федерацэм гъэ къэс щагъэлъапIэ дыгъэгъазэм и 27-м.
И къэунэхукIэ хъуам дытепсэлъыхьмэ, РСФСР-м и Министрхэм я Советым 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къыдигъэкIа унафэм тету, ди къэралым къыщыунэхуащ КъегъэлакIуэхэм я урысей корпус зыфIаща къулыкъур. Иужьым, УФ-м и япэ Президент Ельцин Борис 1995 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдигъэкIа унафэм тету, а IуэхущIапIэм зэреджэр зэрахъуэкIащ «КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэм япэщIэтынымкIэ къэрал комитет» жиIэу.
26 декабря, 2025 - 11:32
Дыгъэгъазэм и 26, мэрем
Урысейм и ПВО-м хыхьэ Лъэсыдзэхэм я махуэщ
1991 гъэм СССР-р зэрыщымыIэжымкIэ декларацэр къащтащ.
1937 гъэм къалъхуащ дирижёр, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыз Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 2, жэщым щIыIэр градуси 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIы и псалъэ епцIыжыркъым.
25 декабря, 2025 - 06:03
Дыгъэгъазэм и 25, махуэку
1914 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.
1919 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим.
1919 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил.
1923 гъэм къалъхуащ композитор, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Мухьэдин.
24 декабря, 2025 - 08:15
Дыгъэгъазэм и 24, бэрэжьей
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1839 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и маршал, Кавказым и тхыдэм теухуа лэжьыгъэ куэд къытрезыгъэдза Бэрзэдж Зеки-пэщэ.
1954 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор ЕхъулIэ Мартин.
1957 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къэзанш Хьэлимэт.
23 декабря, 2025 - 05:26
Дыгъэгъазэм и 23, гъубж
УФ-м Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ и къулыкъум (Ростехнадзор) и махуэщ
Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф я авиацэм и махуэщ
1905 гъэм Тэрч областым зауэ щытыкIэ щагъэувауэ щытащ.
1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ ИлъэсыщIэр къыщихьэ щIышылэм и 1-р гъэ къэс гъэлъэпIэным икIи ар мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным теухуауэ.
22 декабря, 2025 - 13:28
Дыгъэгъазэм и 22, блыщхьэ
Энергетикым и махуэщ
Урысей Федерацэм и Пенсэ фондыр къыщызэрагъэпэща махуэщ
2001 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 7, жэщым градус 0 - 2 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ПцIищэ нэхърэ зы пэж.
22 декабря, 2025 - 12:25
1920 гъэм СССР-м щызэхалъхьауэ щыта экономикэ программэм мыхьэнэ къызэрымыкIуэ иIащ, къэрал абрагъуэм ток зэрырикIуэ кIапсэхэр щаукъуэдииным хуэгъэзауэ. Абы зэреджэр «ГОЭЛРО-м и плант».
Жылагъуэ экономикэр зыхуэдэнур электроэнергетикэм и щытыкIэ- зыужьыкIэм епхащ.
Страницы
|