Литературэ

Акъылымрэ къарумрэ

Еуэри, жеIэ, Тхьэм псэущхьэу щыIэр къигъэщIри, насыпыр къахуигуэшу хуежьащ: бдзэжьейм псыр къритащ, къуалэмрэ бзумрэ хьэуамкIэ къахуэупсащ, хьэмбылу-бжьэмбылум щIы щIагъыр къахуигъэфэщащ, хьэкIэкхъуэкIэм мэзыр яхухихри, итIанэ мыр къажриIащ:
– Иджы, си тIасэхэ, насыпым я нэхъыщхьэу тIy къэнащ – къарумрэ акъылымрэ. Ахэр фэ къыфхузогъанэри, вгуэшыж! – жиIэри, акъылымрэ къарумрэ зы хъуржыным илъу къахуидзщ аби, езыр уафэм дэкIуеижащ.

ЩIакхъуэ Iыхьэ

Ди республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI ди газет закъуэм щIэх-щIэхыурэ къыхуэтхэ ди щIэджыкIакIуэхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, нэхъыжьыфI Къардэн Мухьэмэд. Абы и тхыгъэхэр треухуэ гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэм, дегъэцIыху щапхъэ зытепх хъунухэр. «ЩIакхъуэ Iыхьэ» зыфIища хъыбарыр теухуащ цIыхум хэлъыпхъэ щэн дахэм, гъэсэныгъэ екIум. 

(Къамыгупсыса хъыбар)

Анэдэлъхубзэм ирогушхуэ

 

Адыгэбзэр фIыуэ елъагъу, лъэпкъ тхыдэм дехьэх Умар Анзор. Тэрч щIыналъэм, Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, и IэщIагъэкIэ юристщ. Мы зэманым Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэщ. ЩIалэм адыгэбзэкIэ усэхэр етх Хэкум, анэм, къуажэ гъащIэм, лъэпкъым теухуауэ.

Уафэр щымыджэмыпцIэу

Тхьэхэм я хъуэхъум и гур хегъахъуэри, Мардыкъуэ мэхъуапсэ телъыджэ гуэр къигъэщIыну. Ар Уэтхьэ деж макIуэри, игу илъыр хуеIуатэ:

Доныжь цIыкIу и бжэнибгъур

Адыгэ хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуащ мэз, унагъуэ псэущхьэхэр. Ахэр мэпсалъэ, бзаджагъэ йокIуэ, зэпоуэ. Псэущхьэхэм я хьэл-щэнхэмкIэ къызэпкърыха мэхъу фIымрэ Iеймрэ, насыпым, къулеягъэм, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэми я Iэмалхэр. ДАДЭ Адэлбий итхыжахэм ящыщщ «Доныжь цIыкIу и бжэнибгъур» хъыбарыр. ЩIагъыбзэ гъэщIэгъуэн хэлъщ мыбы лъэщагъым, акъылым, IэкIуэлъэкIуагъэм теухуауэ.

ГЪУЭТ Синэ.

Уэрэдгъуо гъуэзэджэт, IуэрыIуатэр фIыщэу зылъагъут

Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарыр къыжезыIэжар Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ. 

ЩIэджыкIакIуэхэм гунэс ящохъу

Iэщыж Борис и тхыгъэхэм нэхъыбэу лъабжьэ яхуэхъуар сыт щыгъуи гъащIэм щызэпэщIэт фIымрэ Iеймрэ цIыхухэр зэрагъэувэ щытыкIэ зэхуэмыдэхэрщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зы гупсысэ гуэрым утришэу, гъащIэм ухуигъэIущу апхуэдэщ. Нэхъыщхьэращи, Борис и рассказхэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь, уи фIэщ мэхъу тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр ди литератруэм хэтын зэрыхуейри, ахэр щIэджыкIакIуэхэм гунэс зэращыхъунури.

Тхьэхущынэ Ланэ.

Хьэжкурий

Хэку лъагъуныгъэкIэ гъэнщIат и усэхэр

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым тетщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща усакIуэ гъуэзэджэ Къэшэж Иннэ и сурэтрэ усэрэ зытеплъагъуэ скульптурэ. Хабзэ зэрыхъуауэ, мазаем и 12-м, Иннэ къыщалъхуа махуэм, абдеж щызэхуос Къэшэжым и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр. ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм, Налшык къалэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Зыми емыщхь макъ зиIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ ди лъэпкъ литературэм хьэлэлу хуэлажьэ усакIуэ гуащIафIэщ. А зэманым къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ «Бгым сыдокI», «Тэрч макъамэхэр», «Джэрпэджэж», «ЩIымрэ уафэмрэ», «Гугъэ», «Къеблагъэ», «Гуапагъэ», «Тхыгъэхэр» томитIым щызэхуэхьэсауэ, «Усыгъэхэр» тхылъхэр. Апхуэдэу урысыбзэкIэ зэдзэкIауи дунейм къытехьащ «Эхо весны», «Горы молчат», «Иду к тебе», «Лицо земли», «Рождение песни» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри.

Зэрэтуштрэ апхуэдэу жиIэрт

Ницше Фридрих

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ