|
Литературэ
26 августа, 2020 - 05:19
«Удзыпэ тхьэлъэIу» фIищащ усакIуэ Къуныжь ХьэIишэт и тхыгъэ къыхэщыпыкIахэр зэрыт тхылъым. Абы щызэхуэхьэса усэхэмрэ поэмищым-рэ гъуджэм хуэдэу къощ усакIуэм и псэр, сатыр къэс къыдоджыкI ар зэрынабдзэгубдзаплъэр.
26 августа, 2020 - 05:17
Адыгэ усыгъэм зи лъагъуэ бгъуфIэ щыпхызыша лирик гъуэзэджэхэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Нэхущ Мухьэмэд.
19 августа, 2020 - 05:03
УНАГЪУЭ Iуэхум дыкъыдэмыхуэу гъатхэ махуэ хуабэхэр хуэму екIуэкIырт. Илъэситху фIэкIа сымыхъуами, зэбгъэтIылъэкI мыхъун къалэн Iэджэ пщэрылъу сиIэт. Ди адэ-анэр лэжьакIуэ кIуа нэужь, си къуэш нэхъыщIэхэм сакIэлъыплъын, ди анэшхуэ Фаризэт сыдэIэпыкъун хуейт. А псом и щIыIужкIэ, пхъэ тыкъырхэмрэ нартыху жэпкъхэмрэ зэман-зэманкIэрэ пэшхьэкум издзэн хуейт, мафIэр зэхэмыкIыжын щхьэкIэ.
14 августа, 2020 - 05:05
Пушкин Александр
XXXII
Хэмылъу шэч, къыхуэлъэгъунут
Зыхуейм Татьянэ и пIейтейр,
Хуэдгъэгъу ар щхьэдэIуххэм хъунут:
Ягуэшырт-тIэ дэлэн ин Iейр
(ЖытIэнти пэжыр, шыугъэIуэр);
Сагъызу я щхьэтепIэ щIыIур,
Бащырбэхэм цимлянскэр итщ,
Ефэнур, IэфIыр къахьыр, хуитщ;
Къахьащ абдж бгъузэ, ар зракIэ,
Бгы псыгъуэхэм сигу къагъэкIыж
Зизи; сэ си псэм хэмыкIыж,
Уезгъэщхьырт уэ абдж псынщIэ
щхъуакIэм;
ФIылъагъуныгъэм и абдж щыкъу,
Узэрыслъагъур сримыкъут.
7 августа, 2020 - 05:17
Етхуанэ Iыхьэ
ПщIыхь шынагъуэ ухуэмей,
Уэ, сэ си Светланэ!
Жуковский
I
7 августа, 2020 - 05:10
Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ. Фэуаз и адэ Махьейр пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ (Средиземнэ тенджыз) Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмэмытыр.
7 августа, 2020 - 05:08
Куэд щIакъым илъэс 70 гъащIэ гъуэгуанэр зэригъэлъапIэрэ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.
29 июля, 2020 - 05:05
Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и Художникхэм, Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къат Теувэж ди къэралым фIыуэ къыщацIыху, абы и цIэр щащIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Тыркуми, Европэми.
17 июля, 2020 - 05:08
Илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щlигъуащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы лъандэрэ хэхэс адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм щопсэу, я хэкум пэIэщIэу, я хабзэмрэ я бзэмрэ зэрамыгъэкIуэдыным егугъуу.
Страницы
|