Литературэ

Сыт гъащIэм и купщIэр?

Алыдж философ Аристотель щыпсэуар ди эрэм и пэкIэ 384-322 гъэхэрщ. Ар Платон и гъэсэну щытащ, ди эрэм и пэкIэ 343 гъэм щегъэжьауэ Аристотель Македонский Александр и егъэджакIуэу щытащ.

Уэшх хьэщIэ

Уэшхым содаIуэ. ЛъапцIэу сыхэтщ. Зыри жимыIэу, куэд къызеIуэкIри, уэ узогъэщхьыр уэшхыр. Уафэм къыщожьэ, щIылъэм лъоIэсри, ткIуэпсхэр мэщащэ. Сыту сфIэмащIэ уэшхыр… СызыхуэпIащIэ ткIуэпсхэр уафэм еубыдыжри, сэри салъэIэсыжкъым. Си гум илъыжкъым гуауэ. Ауэ… уэшхыр къемышхыуи дауэ?! Сэ ар къысфIощI уэрауэ… СощIэ, жыпIэнур сощIэ…УкъысхуэкIуат уэшх хьэщIэу. Уи гур нэщхъейрэ, нэщIу. УщыIукIыжым, къешхырт…
Си гум илъыжкъым гуауэ. Си гум щызопI макъамэ. Уэшхым схузэхилъхьауэ. Зыми зэхимыхауэ.

Гъатхэ

Гъатхэр щыбауэкIэ, уафэм зеукъэбзыж, жыгхэр мэтIэпI, удзхэр мэгъагъэ, псынэпсыр мэуэршэр. Бзухэрщ и уэрэдусри, щIыуэпсым макъамэ къыхах, уафэм щагъафIэри, щIылъэм щызэдожьу. Дыгъэм егуэш насып, бзийхэр зэкIэщIипхъауэ. Гъатхэм гухэлъыр мэуш, пщIыхь дахэхэм хапIыкIауэ. Гъатхэм къыхех мэ гуакIуэ, псэхэр зогуакIуэ гъатхэм. ЩIылъэм щитIагъэ фащэр гухэлъкIэ хедыкIыр уафэм. Вагъуэхэр зоIущащэ, зэхалъхьэу щIалэгъуэ псысэ. ГукъэкIыж лъахэщ гъатхэр. Гъэгъам жьы мащIэр щеIусэкIэ, дыгъэр хьэуам щеIубкIэ, гум щыIурех щэху гуэрхэр. Гъатхэм гугъэ и гъусэщи, гъащIэщ дунейм къиплъысыр!

Пэ зиIэм кIэи иIэщ

И хьэсэпэ здынэс ищIэжыркъым.
«И лъэкIыныгъэр зыхуэдизыр ищIэжыркъым» жыхуиIэщ. Жылагъуэм щигъэзащIэ къалэным хуэмыфащэу щытым, зи мыIуэху хэIэбэм теухуауэ къапсэлъ.
КъызэрызащамкIэ узощэж.
Зэрызэхэсха дыдэм хуэдэу бжызоIэж. ЖаIэр зэрыпэжымкIэ шэсыпIэ щимыувэм деж къапсэлъ.
КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
Зи Iуэху мыхъум нэхъ Iеиж къыщыхукъуэкIым деж къапсэлъ хабзэщ.
И щхьэр пкъуэлъу и лъэр пкъуокI.
ПэжкIэ къыббгъэдэмытыну цIыхум хужаIэ.
Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи, зыфIадыгъур гуэныхьищэщ.

Бдзэжьеящэ Алий

Курд таурыхъ
Зы гуэлышхуэ гуэрым и Iуфэм бдзэжьеящэ Алий щыпсэурт и бынунагъуэм щIыгъуу. Пщэдджыжьым жьыуэ Алий бдзэжьеящэ дэкIырти, пщыхьэщхьэр фIыуэ хэкIуэтауэт къыщыкIуэжыр. КъыщимыхьIаи къэхъурт. Махуэ псом хъым бдзэжьей къыщимыхьэ щыIэт. Апхуэдэ махуэхэм Алий хуабжьу нэщхъей хъурт.

Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ

(Бейтыгъуэн Сэфарбий и жыIэгъуэм щыщ)
Цыжьбанэми зы банэ темыт и гугъэщ.
Псэмызагъэми щхьэмыгъазэу зилъытэжынущ.
Лъэхъэнэ жыжьэм халъхуэну цIыхухэр уахътыншэу дунейм тетынущ.
ЩIегъуэжыныр куэдрэкъым – узэхъуажэм тегушхуи аращ.
Делэм зыдигъэшурэ губзыгъэм IумпIафIэ ещI.
Уишрэ уи фызрэ уи дзыхь йомыгъэз жызыIам и щхьэр къыщыгъупщащ.
ЗэхуащIахэр зэзыхъуэныжхэр сыт щыгъуи зэбийуэ къыщIедз.
Гъуэгу пхэнжым теувэр нэхъ захуэм ирикIуэу къыфIэщIынущ.
Тыншыгъуэ лъыхъуэр гугъуехьым пэщIохуэ.

Бжьыхьэ щIыIэр щыхуабэр

Iуэтэж
«Сэ фIыуэ слъэгъуащ. Сэ фIыуэ слъэгъуащ…» Апхуэдэурэ гупсысэрт бжьыхьэ щIыIэ пщыхьэщхьэм Миланэ. Хъыджэбзыр илъэс пщыкIублым итт, ауэ, и ныбжьым емылъытауэ, балигъ гупсысэкIэ иIэт. «ИгъащIэм зы щIалэ сегупсысакъым, сыт къысщыщIар, си щхьэм сыт щIимыкIыр?» - къэгубжьырт ар. Нэху щащ, Миланэ и напlэр зэтрилъхьатэкъым. Пщэдджьыжьым жьы дыдэу еджапIэм нэсащ. «Си ныбжьэгъухэр къысщыдыхьэшхынщ, сыкъащIэмэ», - гузавэрт хъыджэбзыр еджапIэ паркым иту.
- Си нэху цIыкIу, сыт узэгупсысыр? - къеупщIащ абы къыбгъэдыхьа Дисанэ.

ПСАЛЪЭ ПЭЖИЩ

Зы щІалэ лІыщІакІуэ ежьащ, зы жылэ дыхьэри щІэупщІащ:

- Хэт сигъэлІыщІэн? - жиІэри.

Лъагъуныгъэ нэфIэщI

ЦIыхуфэм дэхуэнур зыхуэдизыр къихутэн мурадкIэ дунейм дыкъытриутIыпщхьами ярейщ дыкъэзыгъэщIам. СогъэщIагъуэ, дыгъуасэ уи макъ сыхуэлIэу, уи Iуплъэгъуэ сызэрихуэнур къысхуэмыгъэсу зэманым сеныкъуэкъуащ. Си фIэщ хъурт уэри апхуэдэ зыгуэркIэ уи гур къысхуэпабгъэу.

Iэлъын

ЛIы Iущ гуэрым деж щIалэщIэ къэкIуащ.

-Сыночэнджэщыну сыхуейщ. Си гъащIэр зыми щымыщу къысщохъу, куэдрэ сэр щхьэкIэ жаIэу зэхызох зыми сримыщIысу… Сыт сщIэнур?

ЛIы Iущыр щIалэщIэм къыхуеплъэкIри,

- Къысхуэгъэгъу, ауэ иджыпсту сэ зэман сиIэкъым. Сэбэпи сыпхуэхъуфыну къыщIэкIынукъым, - жиIащ.

ИтIанэ тIэкIу зиIэжьэри дыщIигъужащ:

- Ауэ сэри зы Iуэху блэкI сиIэщи, абыкIэ укъыздэIэпыкъумэ, сэри сэбэп сыпхуэхъужынщ.

КъэкIуар арэзы щыхъум, лIы Iущым и Iэлъыныр зыIэрихыри къыхуишиящ:

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ