|
|
Литературэ
29 ноября, 2021 - 08:01
Куэд щIатэкъым Мухьэмэд цIыхугъэ къызэрысхуэхъурэ, абы къыхэкIыуи, щIалэ хьэлэлу, хабзэ хэлъу зэрыщытым фIэкI, и Iуэху сыщыгъуазэтэкъым.
26 ноября, 2021 - 13:44
Балэ – хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.
Бэлахъуэ – хывыхъуэ.
Был Iуэгъуэ – зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.
Бырамбыху джанэ – цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъэхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.
Гуажэ хуэхъун – и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.
Гуащэв – гуащэм хуагъасэ вы.
Гъэрэхъу-щIэрэхъу – шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.
25 ноября, 2021 - 16:06
• Адыгэбзэм щыщщ
Кхъуэнытх I – нэхъапэхэм псыкъуийхэм щхьэщащIыхьу щыта бжыхь хъурейщ, псы къыщрахкIэ цIыхур имыхуэн хуэдэу мылъагэ-мылъахъшэу хуауэ.
Кхъуэнытх II – мэзыкхъуэр щыкуэд щIыпIэ.
Кхъуэрыжэ – псыкъуийм ирагъэлъадэрэ псыр кърырахыу щытауэ кхъуауэм пыщIауэ пылъ кIапсэ.
Къалэдэс I – щIыпIэ екIуэлIэгъуей, бгылъэхэм, къуэладжэ пхыдзахэм щыIэ псэупIэ.
24 ноября, 2021 - 14:06
Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ и лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм центрым щахъумэхэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ
22 ноября, 2021 - 11:30
ДыщыцIыкIум ди адэ-анэм куэдрэ ди закъуэу пщIантIэм дыкъыданэн хуей хъурт. Илъэситху хъуа сэрэ зы илъэскIэ сэ нэхърэ нэхъыщIэ Вовэрэ нэхъыжьу дыкъагъанэрти, зи ныбжьыр илъэситIым нэса къудей Тимошэрэ илъэсым ит Валерикрэ дакIэлъыплъырт. ДакIэлъыплъри хэт ищIэнт, пщIантIэм ахэр дэмыпщын щхьэкIэ, я лъакъуэм кIапсэ кIыхь итщIэрти, езыхэми нэжэгужэу къапщыхьу, дэри щхьэхуиту дыджэгуу дыдэст.
19 ноября, 2021 - 08:34
Еуэри, бжьыхьэхуегъэзэкI хъуауэ, бийри ди щIыналъэм итхужыну тедгъэнэцIыхьауэ апхуэдэт. Апхуэдэ зы махуэу бгыщхьэ гуэр къэдубыдыжауэ зыдгъэпсэхуу дытест. Дытести, йоуэри, приказ къытIэрохьэ: «Бийм фебгъэрыкIуи, и Iэбэронэр фкъутэ!» - жиIэу иту.
Уи къару илъмэ, ар куэдрэ: зыкъыдоIэтри, Iэтакэм докIуэ.
22 октября, 2021 - 10:20
Джылъахъстэней щIыналъэм къыщалъхуа Ныбэжь Арсен зэрытхэрэ куэд щIами, и къалэмыпэм къыщIэкIахэр иджыщ япэу утыку къыщрихьэр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ абыхэм ящыщ зым.
22 октября, 2021 - 07:00
Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ беймрэ и щэнхабзэ куумрэ хъумэным хуэунэтIауэ МэшбащIэ Исхьэкъ къызыкъуиха зэфIэкIым хуэдэ гъуэтыгъуейщ. «Ди япэ итахэм яхэлъа лIыгъэм сигу хигъахъуэрт икIи сигъэпIейтейрт, - жеIэ езы тхакIуэм. - Ди лъэпкъым лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэрэ къыздрихьэкI нэщхъеягъэмрэ гухэщIымрэ зыхэзмыщIамэ, и гум телъ хьэлъэр къысхуэIуэтэнутэкъым».
Страницы
|