Литературэ

«Шэрджэсхэр» тхылъым теухуауэ иджыри зэ

Тырку тхакIуэ Кайя Ялчын Тыркум ис адыгэхэм ятеухуа тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ. Томищ хъууэ дунейм къытехьа «Шэрджэсхэр» тхылъыр утыку кърахьащ  адыгэ Iуэхум дихьэх, зи лъэпкъ щэнхабзэр зыхъумэ, зи тхыдэм пщIэ хуэзыщI щIалэхэу Тумэ Рэхьми, Нэгъуей Яшар, Iэдэмей Хьикмэт, Пщыкъуэ Мэхьмуд, Сэбаншы Наим, Молэ Тажудин, Дзыбэ Наим, КIуэкIуэ Эркан, Къущхьэ Наджи сымэ зэухэсри. Дэри абы драгъэблэгъауэ щытащ. Бысымхэр пщIэ хуащIу IущIащ тхылъхэр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэ  Кайя Ялчын.

САБИИГЪУЭМ ЕПХА ГУКЪЭКIЫЖ

Гъэмахуэ кIыхьым Къущхьэхъу щыIа ди адэр къэсыжащи, унагъуэм исхэр зэблож. Ди анэр мэпщафIэ, си дэлъху нэхъыщIэм шыр егъэпскI, си шыпхъу цIыкIумрэ сэрэ и щыгъынхэр дожьыщI. ЗитхьэщIыну папэ зэрежьэу жьыщIыгъэр хыфIызодзэ, тасымрэ къубгъанымрэ къызопхъуатэри си адэм сыбгъэдохьэ. Сыту сфIэфIыIуэт абы псы тескIэурэ зезгъэтхьэщIыну! Сыхуэсакъыурэ, и щхьэм псы тескIэурэ и щхьэфэм телъ дыркъуэр къэслъагъурти, си нэгу къыщIидзэрт жэщ кIыфIым хэту си адэр сэлэтхэм псырэ шхынрэ къахуихьыну зэрежьар. Iуэхур щекIуэкIыр Елъхъуэт дежт.

Тхьэщэрыпхъу и къуэмрэ и пхъумрэ

Нартхэ я Тхьэщэрыпхъу зэтIолъхуэныкъуэу щIалэрэ хъыджэбзрэ игъуэтащ. Зэдэлъхузэшыпхъур гущэ зырызым хипхэри, Тхьэщэрыпхъу псыхьэ ежьащ. Я анэр щIэкIрэ пэт, хъыджэбз цIыкIур гущэм къыхэпсэлъыкIащ:

- Си дэлъху цIыкIу, ди анэр псыхьэ ежьащ, шыпсэ къызжеIи, сытегъэу, - жери.

Ар щызэхихым, Тхьэщэрыпхъу бжэщхьэIум къыщызэтеувыIащ:

- Тхьэр къызэуи: мы зэхэсхыр сыт щIагъуэ!

ЩIалэ цIыкIури къыхэпсэлъыкIащ гущэм:

- Си шыпхъу цIыкIу, утезгъэун хьэмэ узгъэбэмпIэн?

Тхьэщэрыпхъу и жьэр Iурыхуащ:

- Зыр згъэщIагъуэурэ нэхъ щIагъуэжыр зэхэсхаи!

Шиллер и IэдакъэщIэкIхэр

Нэмыцэ усакIуэ, философ, тхыдэтх, драматург Иоганн Христоф Фридрих Шиллер 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м Германием и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Вюртемберг пащтыхьыгъуэм хыхьэ Марбах-на-Неккаре къалэ цIыкIум къыщалъхуащ. И адэ Каспар Иоган Илъэсибл зауэм хэтати, Фридрих илъэсих хъуху зыпIар и анэм и закъуэщ.

Сурэтхэм къысхуаIуэтар

Куэд щIатэкъым Мухьэмэд цIыхугъэ къызэрысхуэхъурэ, абы къыхэкIыуи, щIалэ хьэлэлу, хабзэ хэлъу зэрыщытым фIэкI, и Iуэху сыщыгъуазэтэкъым. 

Уэ утхьэIухуд хьэмэрэ ущоджэнхур?

Балэ – хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.

Бэлахъуэ – хывыхъуэ.

Был Iуэгъуэ – зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.

Бырамбыху джанэ – цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъэхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.

Гуажэ хуэхъун – и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.

Гуащэв – гуащэм хуагъасэ вы.

Гъэрэхъу-щIэрэхъу – шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.

Хъыджэбз нэгурэшыр дахэкъыхэшщ

• Адыгэбзэм щыщщ

Кхъуэнытх I – нэхъапэхэм псыкъуийхэм щхьэщащIыхьу щыта бжыхь хъурейщ, псы къыщрахкIэ цIыхур имыхуэн хуэдэу мылъагэ-мылъахъшэу хуауэ.

Кхъуэнытх II – мэзыкхъуэр щыкуэд щIыпIэ.

Кхъуэрыжэ – псыкъуийм ирагъэлъадэрэ псыр кърырахыу щытауэ кхъуауэм пыщIауэ пылъ кIапсэ.

Къалэдэс I – щIыпIэ екIуэлIэгъуей, бгылъэхэм, къуэладжэ пхыдзахэм щыIэ псэупIэ.

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ щахъумэ

Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ и лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм центрым щахъумэхэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ 

ЩХЬЭЛ

ДыщыцIыкIум ди адэ-анэм куэдрэ ди закъуэу пщIантIэм дыкъыданэн хуей хъурт. Илъэситху хъуа сэрэ зы илъэскIэ сэ нэхърэ нэхъыщIэ Вовэрэ нэхъыжьу дыкъагъанэрти, зи ныбжьыр илъэситIым нэса къудей Тимошэрэ илъэсым ит Валерикрэ дакIэлъыплъырт. ДакIэлъыплъри хэт ищIэнт, пщIантIэм ахэр дэмыпщын щхьэкIэ, я лъакъуэм кIапсэ кIыхь итщIэрти, езыхэми нэжэгужэу къапщыхьу, дэри щхьэхуиту дыджэгуу дыдэст.

Хэти мэхэбзэусэ, хэти мэхэбзауэ

Адыгэбзэм щыщщ

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ