|
|
Литературэ
15 мая, 2021 - 05:05
Бжьыхьэ уэфIым и макъамэр,
гур ихузми, мэIур гуакIуэу.
Сэ уэ зыр узимыIамэ,
зым щымыщт дунейм щызгъакIуэр.
12 мая, 2021 - 05:05
А зэманым лэжьапIэр хуабжьу зэпэубыдат. Псом хуэмыдэжу зи щIыбагъым благъэ къулей е къулыкъущIэшхуэ гуэр къыдэмытхэм я дежкIэ. Сэри сащыщт апхуэдэхэми, университетыр къызэрызухамкIэ диплом къысIэщIалъхьэу уэрамым сыкъыдаутIыпщхьами, си щхьэр здэсхьынур сымыщIэу а сыкъызыдаутIыпщхьа уэрам дыдэм сыдэтт. Ауэ, Iуэхур зэрымыхъун хуейм хуэдэу хъущ, насып шэрхъыр щыуауэ къекIэрэхъуэкIри, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм редактору сыкъыщIэхутащ. Си щIалэгъуэт, батэр схуэгъэшыну зыкъысщыхъужуи, си пащхьэ къралъхьа Iэрытх Iэмбатэ зыбжанэм си Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ сетIысылIащ.
7 апреля, 2021 - 05:05
«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щитхащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм.
19 марта, 2021 - 05:15
Къаз-Джэрий бзэ зыбжанэ ищIэрт. Абы иджащ дунейпсо литературэр. Адыгэ тхакIуэм, псом хуэмыдэжу, фIыуэ илъагъурт Байрон и тхыгъэхэр. Хуитыныгъэм и бэнакIуэ лъэщыр, Белинскэм «етIощIанэ лIэщIыгъуэм и Прометей» зыфIища а усакIуэшхуэр, абы и гум къишхыдыкI хуэдэт мы усэ сатырхэр щитхым:
12 марта, 2021 - 05:11
Махуэ гуэрым телевизорым къигъэлъагъуэу срихьэлIащ бзылъхугъэ тхакIуэм теухуа нэтын гъэщIэгъуэн. Нэтыныр езыгъэкIуэкI журналистым и упщIэхэм ящыщ зым цIыхубзым жэуап къыщритым, абы къыхигъэщащ ар лъэпкъкIэ къэбэрдей адыгэхэм зэращыщыр. Ар икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэн хъури, а бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуну мурад сщIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Истамбыл щыпсэу тхакIуэ Къущхьэ Севим Решатщ. Абы романи 10 и IэдакъэщIэкIщ, тIур Кавказ зауэм триухуащ.
10 марта, 2021 - 09:45
Зэщхьэгъусэхэр зэдэпсэурт. Абыхэм зы къуэ закъуэ яIэт. Адэ-анэм я ныбжьыр щыхэкIуатэм, унагъуэ Iуэхухэр къатехьэлъэ хъуащ: псы къэхьыныр, унэ зэлъыIухыныр, щIакхъуэ гъэжьэныр. Зэчэнджэщри, я къуэм кърагъэшэну мурад ящIащ.
5 марта, 2021 - 05:35
И IэдакъэщIэкI кущIафIэхэмкIэ республикэм фIыуэ къыщацIыху щIалэрм и иджырей лэжьыгъэр къызэрымыкIуэу узыщыгуфIыкIынщ. Тхылъыр дунейм къытехьэнымкIэ жэрдэм зыщIар «ЦIыхубэ творчествэмкIэ методикэ центр» IуэхущIапIэрщ.
5 февраля, 2021 - 05:10
Лъэхъэнэ псоми я усакIуэГете И. В., Шиллер Ф., Дессинг Г. Э. хуэдэ цIыхушхуэхэм ящIыгъуу зи цIэр къраIуэ нэмыцэ усакIуэ, прозаик, критик икIи публицист Гейне Генрих Дюссельдорф щыщ журт унагъуэм 1797 гъэм къыщалъху
3 февраля, 2021 - 05:03
Уи гъуэгур псынщIэ мэхъу щыщIыIэм,
Ухуейм, уздэжэм, къиш уэрэд,
Гъуэгу джафэр изогъэщхь гушыIэм,
Зыхамылъхьам гупсысэ куэд.
29 января, 2021 - 05:05
Мэзкуу! Си Урысейм ипхъу лъапIэ,
Уэ пхуэдэ дэ къытхуэгъуэтын?
Страницы
|