|
|
Литературэ
22 марта, 2019 - 05:05
Даутокъуэхэ я лъэпкъыр щыцIэрыIуэщ Къэбэрдейм и тхыдэм - Хьэжмурат, Заурбэч, Хьэсэнбий. Абыхэм я адэшхуэр Щхьэлыкъуэ дэкIри, Мэздэгу и Iэшэлъашэм щыпсэуащ, аращ къыщалъхуар зэшхэр - Луковскэ жылагъуэм.
20 марта, 2019 - 05:08
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд - усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэIуащ.
13 марта, 2019 - 05:05
ИЛЮШИНЭ Миланэ (Санкт-Петербург) тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент
Иужьрейм ипэ къихуэу мамлюк сулътIану тета Аль-Гъуурий Къанщауэ (1501 - 1516) и усэ тхылъ Iэрытх щIэлъщ Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэу Копенгаген дэтым.
1 марта, 2019 - 05:07
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикыу щыта Балъкъэр Фоусэт адыгэ лъэпкъым и япэ цIыхубз усакIуэщ.
27 февраля, 2019 - 05:08
Уэхъутэ Абдулыхь къызэралъхурэ 110-рэ ирокъу
Уэхъутэ Абдулыхь шэрджэс литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ. И IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ абы лъэкIащ лъэпкъ прозэми усыгъэми заригъэужьын. ЦIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, ар зэуIу щIауэ къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа Уэхъутэм къехъулIащ IуэрыIуатэр и творчествэм IэкIуэлъакIуэу къыщигъэсэбэпыныр.
22 февраля, 2019 - 05:02
Зэгуэр Кулиев Къайсын жиIэгъащ: «И талантыр нэхъ иныху, цIыхум псалъэ гуапэ нэхъыбэ лъос. Абы и цIэр лъагэу Iэтыпхъэщ, дахэкIэ къиIуэн хуейщ, ауэ ар тыншкъым пщIэну». Пэжу, усакIуэфIым утепсэлъыхьыныр Iуэху гугъущ.
8 февраля, 2019 - 05:14
Усыгъэм и вагъуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ мазаем и 12-м илъэс 75-рэ ирокъу
Къэшэж Иннэ и цIэр урыс литературэм къызэрыхэнэнум и мызакъуэу, ди лъэпкъ тхыдэм игъащIэкIэ игъэфIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щытами, ар ди адыгэ усакIуэ телъыджэщ. Ди лъэпкъыр кIэншэу зэрыгушхуэнщ, зэрыпагэнщ абы и тхыгъэхэр. Иннэ дунейм тетыху нэхъыбэу псэкIэ зыхуэусар, и макъ жьгъыру дахэр хэIэтыкIауэ зыхуигъэIуар ди лъахэрщ, и адэ хэкужьырщ - Къэбэрдей- Балъкъэрырщ.
8 февраля, 2019 - 05:07
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, усакIуэ, драматург цIэрыIуэ Маммеев Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу. Абы къигъэщIа илъэс 85-м щыщу 65-р театрым тыхь хуищIащ.
6 февраля, 2019 - 05:11
Къыргъыз тхакIуэшхуэ Айтматов Чингиз и роман «Буранный полустанок» зыфIищам мыпхуэдэ миф итщ. Жуанжуанхэр Азие Курытым щыпсэу лъэпкъ цIыкIу гуэрым къытоуэри хэкур яхъунщIэ. ЗауэфI щыIэкъым: жуанжуанхэм лейуэ зэрахьам я нэхъ Iей дыдэу цIыхум я гум мыпхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къонэ. ЗэрыпхъуакIуэхэм зытекIуа лъэпкъым нэхъ щIалэ Iэчлъэчхэр къыхачырт, ахэр Iэпхлъэпх ящIырти, къумым къранэрт. Абыхэм я щхьэм фIэкъуа шхуэл цIынэр къурэу зэпрыгъукIырт.
1 февраля, 2019 - 05:08
Бейтыгъуэн Сэфарбий 1996 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIат жыIэгъуэхэр е псалъэ шэрыуэхэр щызэхуэхьэса «ЗыкъызогъэщI» тхылъыр. Абы и пэкIэ, 1986 гъэм, дунейм къытехьащ «Псалъэ псэу» зыфIищар.
Страницы
|