|
|
Литературэ
4 марта, 2020 - 05:02
- Ар сыт хуэдэ опыт? - Угъурлыжь щIоупщIэ, хъыбар гъэщIэгъуэн едэIуэну зигъэхьэзыра нэхъей. - А дуракыжьыр химик хъуауэ ара, Менделеевым и лъэужьыр ихуу?
- СщIэркъым, ауэ…дыгъуэпшыхь узэфа коньякыр зыщIар аращ…
28 февраля, 2020 - 05:10
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
мазаем и 21-м итщ).
21 февраля, 2020 - 05:12
- Дауэ сыщытын: си лъакъуитIыр щIэхуарэ гунэдж лъэпкъ симыIэжу сыщысщ, сыкъопэзэзэхри, - жеIэ Хьэбалэ къыщIэупщIэну (махуэ къэс зэхуэмызэфыми, телефонкIэ куэдрэ зэрыщIэрт) къэпсэлъа Емынэжь жэуап иритыжу. - КъэпщытакIуэ къэкIуауэ, а фи курсэгъуу щыта фейцейм (Хьэмзэтт жыхуиIэр) сыкъретхэкIыр, си лэжьэкIэм нэхъ кIуэцIрыхуа щымыIэу къилъытэу.
19 февраля, 2020 - 05:15
УДЖЫХЪУ Исам
Тхыдэ гъуэгуанэхэм
я джэрпэджэжхэр
Жэщ зекIуэныр къохъу
Къыщыхэхъыжьэ
Си гупсысэ щхьэм къищхьэрыуам.
7 февраля, 2020 - 05:17
Джэтауэ Инал 1950 гъэм Тыркум къыщалъхуащ, адыгэ мухьэжырхэм я къуэпсщ. Инал и ныбжьыр илъэс 40 хъуауэ и Хэкум къигъэзэжри, Мейкъуапэ къалэ дэтIысхьэжащ. Аращ иджы щыпсэури щылажьэри.
5 февраля, 2020 - 05:15
«Пирот!» - жаIэщ аби, зы махуэ гуэрым дыкърахужьэри, дыкъахум-дыкъахуурэ, Дон дыкъэсри, пхъэ закъуэ лъэмыж телъти, сыкъытехьащ. Псыкум сыкъэса къудейуэ, зы нэмыцэ сэмэлотыжь, дзэлыкъуэбгъэ хуэдиз хъууэ, къытщхьэщыхьэри, сэмэгурабгъумкIэ зы бомбэ фIыцIэжь къридзыхщ аби, псы щIагъым къыщыуэри, аргъей щитхурэ зы пащIэкIапсэрэ къыдридзеящ,
5 февраля, 2020 - 05:10
Къагъырмэс Борис Хьид и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 6-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къеухри, зы илъэскIэ абы щолажьэ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу. 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым (иджы КъБКъУ-м) и филологие факультетым щIотIысхьэри, 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ ар къеух, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ иригъэджэну къуажэ школми егъэзэж.
24 января, 2020 - 05:12
УКРАИНЭМ щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ абы и литературэм и классикыу ялъытэ Шевченкэ Тарас Ар Черкасск областым хыхьэ Звенигород куейм и Моринцы къуажэм 1814 гъэм и мазае мазэм къыщалъхуащ.
17 января, 2020 - 05:08
ГъуэгунапщIэр илыгъуэу
ПщIэгъуалэр мэлъей,
Хуопабгъэ ар фIыгъуэм,
Хуодалъэ бзаджейм.
Нэлъэхъут ПщIэгъуалэр,
Си джатэ мыудзэгущ,
Къуршыжьым и къалэр,
Мыкъутэу си мэIущ.
15 января, 2020 - 05:07

СОНЕТ
Сыт си щIалэгъуэм фIыуэ сыкъэплъагъукIэ,
ЩIалэм дапщэщи щIалэ къегъуэтыж.
Си щхьэцым, мис, пхырокIыр дыжьын лъагъуэ,
Илъэс щэ ныкъуэм щащI абы IутIыж.
Страницы
|