|
|
Литературэ
27 февраля, 2019 - 05:08
Уэхъутэ Абдулыхь къызэралъхурэ 110-рэ ирокъу
Уэхъутэ Абдулыхь шэрджэс литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ. И IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ абы лъэкIащ лъэпкъ прозэми усыгъэми заригъэужьын. ЦIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, ар зэуIу щIауэ къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа Уэхъутэм къехъулIащ IуэрыIуатэр и творчествэм IэкIуэлъакIуэу къыщигъэсэбэпыныр.
22 февраля, 2019 - 05:02
Зэгуэр Кулиев Къайсын жиIэгъащ: «И талантыр нэхъ иныху, цIыхум псалъэ гуапэ нэхъыбэ лъос. Абы и цIэр лъагэу Iэтыпхъэщ, дахэкIэ къиIуэн хуейщ, ауэ ар тыншкъым пщIэну». Пэжу, усакIуэфIым утепсэлъыхьыныр Iуэху гугъущ.
8 февраля, 2019 - 05:14
Усыгъэм и вагъуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ мазаем и 12-м илъэс 75-рэ ирокъу
Къэшэж Иннэ и цIэр урыс литературэм къызэрыхэнэнум и мызакъуэу, ди лъэпкъ тхыдэм игъащIэкIэ игъэфIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щытами, ар ди адыгэ усакIуэ телъыджэщ. Ди лъэпкъыр кIэншэу зэрыгушхуэнщ, зэрыпагэнщ абы и тхыгъэхэр. Иннэ дунейм тетыху нэхъыбэу псэкIэ зыхуэусар, и макъ жьгъыру дахэр хэIэтыкIауэ зыхуигъэIуар ди лъахэрщ, и адэ хэкужьырщ - Къэбэрдей- Балъкъэрырщ.
8 февраля, 2019 - 05:07
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, усакIуэ, драматург цIэрыIуэ Маммеев Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу. Абы къигъэщIа илъэс 85-м щыщу 65-р театрым тыхь хуищIащ.
6 февраля, 2019 - 05:11
Къыргъыз тхакIуэшхуэ Айтматов Чингиз и роман «Буранный полустанок» зыфIищам мыпхуэдэ миф итщ. Жуанжуанхэр Азие Курытым щыпсэу лъэпкъ цIыкIу гуэрым къытоуэри хэкур яхъунщIэ. ЗауэфI щыIэкъым: жуанжуанхэм лейуэ зэрахьам я нэхъ Iей дыдэу цIыхум я гум мыпхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къонэ. ЗэрыпхъуакIуэхэм зытекIуа лъэпкъым нэхъ щIалэ Iэчлъэчхэр къыхачырт, ахэр Iэпхлъэпх ящIырти, къумым къранэрт. Абыхэм я щхьэм фIэкъуа шхуэл цIынэр къурэу зэпрыгъукIырт.
1 февраля, 2019 - 05:08
Бейтыгъуэн Сэфарбий 1996 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIат жыIэгъуэхэр е псалъэ шэрыуэхэр щызэхуэхьэса «ЗыкъызогъэщI» тхылъыр. Абы и пэкIэ, 1986 гъэм, дунейм къытехьащ «Псалъэ псэу» зыфIищар.
30 января, 2019 - 05:15
Джатокъуэ Юрэ куэдым фIыуэ ялъагъу усакIуэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ жанхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Юрэ и усэхэр кIэщI дыдэщ, сатыр зыщыплIым фIэкIыркъым, а сатыр кIэщIхэми къыщеIуэтэф гупсысэ куу. Ар щыхьэт тохъуэ Джатокъуэр гъащIэмрэ дунеймрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэм, абыхэм нэ жанкIэ зэрыхэплъэфым, зэрынабдзэгубдзаплъэм.
23 января, 2019 - 05:05
УсакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ Хьэбалэ и къуэр Советскэ (иджы Шэрэдж) районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1956 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къыщалъхуащ. 1973 гъэм къуажэ школыр, 1978 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетыр къиухащ. 1979 - 1995 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым корреспонденту, 1995 - 2013 гъэхэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм художественнэ литературэмкIэ и редактору, адыгэ литературэмкIэ редакцэм и унафэщIу щылэжьащ.
18 января, 2019 - 05:04
ЩыIэщ псэ тынш, и ныбэ изрэ ил къыщIэмыщмэ, нэгъуэщIкIэ мыхъуапсэу; щыIэщ псэ нэпсей, мылъкурэ тхъэгъуэкIэ зимыгъэнщIу; щыIэщ псэ джаур, фыгъуэнрэ ижэным кърихуэкIыу; щыIэщ псэ гугъу, цIыхум ямыщIэ гуэр къимыхутамэ, мыжеифу… Бэчмырзэ Iутар псэ инатт, щIэныгъэ лъыхъуэнымрэ захуагъэм щIэбэнынымрэ зэрахуэу.
18 января, 2019 - 05:02
Услъэгъуащ ныжэбэ уэ пщIыхьэпIэу:
Утест тетIысхьэпIэм укъызэжьэу,
Жьы къыкъуэум си кIэр къысфIыдэфэу,
СыныдокIыр, си гур къысфIилъэту.
Страницы
|