|
Литературэ
22 апреля, 2025 - 06:58
Багъ Марьям и гъуэгуанэ тхыгъэхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. И адэшхуэ-анэшхуэхэм, и адэ-анэм, и анэкъилъхухэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм, къуажэгъухэм, цIыху телъыджэ зыхуэзахэм я гъащIэм щыщ пычыгъуэ къыщыIуэтащ абыхэм.
Нысэ щыпкъэ
21 апреля, 2025 - 12:00
Iэдэмрэ 1эсиятрэ гумкIэ Ибрэхьимрэ Симазэрэ яшэжыну гъуэгу техьащ. Ялъэгъуахэм тепсэлъыхьыжурэ, уэршэрурэ Тырку щIыналъэм нэсыжащ. Симазэ и гур къызэрыгъуэтыжат:
- Алыхьым и фIыщIэщ, сыкъыщалъхуа щIыпIэм дыкъэсыжащ, ди анэр, Элиф слъагъунущ, Алий сыхуэзэнущ.
Адэмрэ Симазэрэ къэкIуэжыну къапэплъэ анэри Элифи бжэIупэмкIэ плъэрей хъуахэт: «Ди адэр узыншэу, Симазэ псэууэ ди Тхьэм къытхуихьыж», - жаIэурэ Тхьэм елъэIурт.
Машинэ псынщIэм и макъыр зэрызэхахыу, Элифрэ Закиярэ къыдэжащ икIи гуфIэгъуэ нэпсхэр къыщIэжу я къэтахэр IэплIэешэкIкIэ ирагъэблэгъэжащ.
21 апреля, 2025 - 10:30
КIуащ БетIал псэужамэ, дызэрыт илъэсым илъэс 95-рэ хъунут. Багъы Пётр 1995 гъэм ныбжьэгъум теухуауэ итха гукъэкIыжхэм ущие куэд хэлъщ, езы усакIуэри нэгум IупщIу къыщIагъэхьэ.
21 апреля, 2025 - 10:30
Ди зэманым ипэжыпIэкIэ поджэж Чэрим Марианнэ и «Налшык губампIэ» романыр. Къалэм дэлъ губампIэр дэтхэнэми къыжьэхоуэ. Мыр гъащIэ губампIэщ, дызыхэпсэукI дунейщ, ди нобэм и къэгъэшыпIэхэм узыщрихьэлIэщ. Iуэхугъуэу къызэщIиубыдэри куэд мэхъу: гухэлъыр, адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, усыгъэр зищIысыр, литературэр гъащIэм зэрыхэувэр, хьэблэ зэхущытыкIэр, ныбжьэгъугъэр, къулыкъумрэ мылъкумрэ цIыхум дежкIэ, нэгъуэщI куэди.
16 апреля, 2025 - 09:20
Хэку зауэшхуэм щIидза къудейуэ итхат Симонов Константин «Къыспэплъэ» («Жди меня») зи цIэ усэр. Дызэрыт илъэсым усакIуэр илъэси 110-рэ зэрырикъум нэмыщI, ар Хэкум и хъумакIуэми хуэгъэфэщауэ щытщ. Аращ мы усэм теухуа хъыбарыр дигу къэдгъэкIыжыну щIытфIэигъуэр.
15 апреля, 2025 - 14:00
- АIей, нобэ ебгъашэ хъун пщащэ ухъуаи, сыту удахащэ, арыншами удахэт, ауэ мис мыбыхэм нэхъ дахэж ущIохъукI, си фэеплъу зепхьэнщ…
15 апреля, 2025 - 11:35
Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу. Адыгэ джэгукIэхэр сабийм и ныбжьым тещIыхьауэ зэхэгъэщхьэхукIащ. Нобэ фыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ нэхъыщIэ дыдэхэм яхуэгъэза джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщхэм. Ахэр къыхэтхащ МафIэдз Сэрэбий зэхуихьэсыжахэм.
ГЪУЭТ Синэ.
Адэ-мыдэ узогъаплъэ
14 апреля, 2025 - 11:23
Литературэ
Псэм и закъуэ къыщынэм деж
- АIей, нобэ ебгъашэ хъун пщащэ ухъуаи, сыту удахащэ, арыншами удахэт, ауэ мис мыбыхэм нэхъ дахэж ущIохъукI, си фэеплъу зепхьэнщ…
9 апреля, 2025 - 07:21
Абдежым Iэнэр къаухуэ. Симазэ зеплъыхьри щысщ, фIэфIщ икIи фIэгъэщIэгъуэнщ илъагъу псори. «Хэкум щыIэ ди адыгэхэр дэхуэхауэ мэпсэу» жаIэу ефэндыхэм уаз щаткIэ къыхагъэщу зэрыщытар. Пэжкъым. Адыгэхэр апхуэдэу псэункIэ Iэмал иIэкъым. Мес, Iэдэмрэ Асиятрэ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэту къэрал куэдым щыIащ, си нэкIэ солъагъу абыхэм я псэукIэр.
Пщащэм и гупсысэр жыжьэ щыIэ къыщIэкIынт.
- ИIэт, фи Iэхэр фтхьэщIи Iэнэм фыкъекIуэталIэ, - жиIащ Лила.
8 апреля, 2025 - 11:12
- АтIэ, мыбы дыкъыщысакIэ, кхъыIэ, Iэдэм, мобдеж нежэкIи ди хьэщIэщ «Къунакъыр» ди хьэщIэхэм едгъэгъэлъагъу, - лъэIуащ 1эсият.
- Дауэ дымыкIуэу, - жиIэри, Iэдэм гум иригъэтIысхьэжхэри, дакъикъищым нэсахэщ.
Хадэшхуэм зызыгъэпсэхуу итхэм я гукъыдэжыр хэзыгъахъуэ зы шхапIэт «Къунакъыр».
Страницы
|