|
Литературэ
14 августа, 2023 - 14:45
ШукIасэ зекIуэ ежьэри, илъэс гъуэгуанэ зэпичащ. Илъэс гъуэгуанэ щызэпичым зы щIалэ и гъусати, и цIи-и щхьи щIэупщIакъым, щIалэми зыкъригъэцIыхуакъым.
ЩIалэм лIыгъэ дилъэгъуати, и унэ ихьэжа нэужь, и хъыбар иIуэтэжащ ШукIасэ.
- Хэт щыщ уи гъусар? - къеупщIащ ШукIасэ и унэгуащэр.
- И цIи-и щхьи сщIэркъым, зыщыщкIи сеупщIакъым, -жиIащ ШукIасэ.
14 августа, 2023 - 13:27
Iуэтэж
Иринэ илъэсих щыхъум зэрымыдахэр къищIащ. Абы щыгъуэ а цIыкIужьейм сытыт дахагъэм хищIыкIыр, теплъэращ жыхуэсIэр. Абы псом нэхърэ нэхъ дахэу къыщыхъур ар зыщIэс сабий унэр къэзылъэсу, зэщIэзыкъуэу щылажьэ Поля бзылъхугъэ угъурлырт. Хъыджэбз цIыкIухэм загъэщIагъуэу щхьэж иIэ цIуугъэнэхэр къыщызэкъуахкIэ, Иринэ ахэр зэримыпэсу жиIэрт:
-Сыт мыбы Iэпщэхъути тхьэгъути жыхуаIэхэр зиIысыр си Поля и дахагъым елъытауэ. Абы сэ дапщэщи IэплIэ гуапэу къысхуещI, къысхуогуфIэ, Iэф1ыкIэкIэ сегъэтхъэж, ар щIэдахэ дыддэр зэрыцIыхуфIращ.
14 августа, 2023 - 10:31
Зэгуэрым Нарт ГъущIыплъ жэщым жейуэ и гъуэлъыпIэм здилъым пщIыхьэпIэу уэхьий къыхуэкIуащ.
11 августа, 2023 - 12:05
Чеховыр япэ дыдэ Кавказым къыщыкIуар 1888 гъэрщ, и ныбжьыр илъэс 28-рэ фIэкIа мыхъуу. Бадзэуэгъуэм и пэм Феодосие къалэм къретхыкI тхакIуэм: «Новый Афони, Сыхъуми, Батуми, Тифлиси, Бакуи сыщыIащ, Бухъэрарэ Персиемрэ сыкIуэну сыхуейт, ауэ ар си натIэм имыту къыщIэкIри, си шэрхъхэр къесIуэнтIэкIыжащ».
11 августа, 2023 - 10:53
Уриныкъуэщ зым
ЖаIэ цIыху къэс и псэр
Ныкъуэу къигъэщIауэ.
Аращ псэгъу зимыIэр,
Гугъэр кIэрыщIауэ,
Лъыхъуэу нэкIи гукIи,
ПIащIэу къыщIэнар.
Аращ хузэфIэкIыр,
Аращ къыхуэнар…
Дызэрихуэу бампIэм
ЖэщкIэ дымыжей.
ИкIкъым псэр гъэрыпIэм,
Тафэм тена джейщ.
Хуейкъым и фIэщ хъуну
Ныкъуэу къигъэщIау,
Псэгъуу хуэфэщэну
Тхьэм къыримытау.
Гугъэр гъащIэм щыщщи,
Егъэхуабэ псэр.
Ныкъуэри гъунэгъущи,
Хуабэм ещIыр гъэр.
11 августа, 2023 - 10:44
Къэмыгупсыса хъыбар
Мы хъыбарыр къыщыхъуа жэщыр, пшагъуэм сыхэтым хуэдэу, ерагъыу сщIэж къудейуэ арщ. Си ныбжькIэ илъэсиплI сыхъуу къыщIэкIынт абы щыгъуэ. Ауэ си гумм къыщIинар си адэм деж къыщIыхьэ и ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм яхуиIуэтэжурэ иридыхьэшхыу зэрыщытарщ.
7 августа, 2023 - 13:35
Зы махуэ гуэрым Iиблис Хъуэжэ деж къыщIыхьэри, мэкъумэш лэжьыгъэхэм теухуауэ къеупщIу щIидзащ. 1иблис къызэреупщIхэм Хъуэжэ щIэдэIури, къыгурыIуащ абы мэкъумэшым зыри зэрыхимыщIыкIыр.
7 августа, 2023 - 12:00
ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур ди республикэм щыцIэрыIуэ цIыхущ. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэ Марие илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрытащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм. Апхуэдэу ДыщэкIыр Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм дэс цIыхубзхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэщ. Марие егъэджакIуэ Iэзэ, гъэсакIуэ гумызагъэ, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр къудейкъым. Абы и къалэмыпэм, методикэ тхылъ купщIафIэхэм ящIыгъуу, къыщIокI усыгъэ дахи.
Страницы
|