|
Литературэ
30 марта, 2023 - 07:35
Iуэтэж
- Уи къуэм зиужьыркъым, къыгурыIуи хузэфIэкIи щыIэкъым, - Ольгэ Ивановнэ и щхьэ Iэтарэ и напщIэр хишу Ася къыжриIат. Анэм апхуэдизкIэ и щхьэр ирихьэхати, и лъэгуажьэм жьэпкъкIэ лъэIэсыжу къыпщыхъурт. Езы Димэ цIыкIуи абдеж гуфIэжу щытт. Ар нобэ нэхъ жьыуэ зэрашэжынур къыгурыIуати, тепыIэжыххэртэкъым.
- Зыхуапэ, - жиIащ бзылъхугъэм, ерагъыу къыдришейри.
- Хъунщ, - жиIэри, и вакъэхэр зэмыгуэгъуу лъитIагъэри гуфIэжу къэуват Димэ.
29 марта, 2023 - 07:55
ГушыIэ
Лиуанрэ Розэрэ жьы хъуахэр щапIыж унэм щIэст. ТIуми я щхьэгъусэхэр дунейм ехыжауэ я закъуэт. Жьыгъэм къигъэдзыха дадэрэ нанэмрэ гулъытэ ягъафIэрт, зэхуэсакъырт. Шхыным я нэхъ IэфIыр зым адрейм хуригъэкIуэтэкIыу, зэхуэгуапэрт.
Еуэри, махуэ гуэрым, Лиуан тегушхуэри, Розэм жриIащ:
-Розэ, укъыздэкIуэн?
ЗаулкIэ щыма яужь, бзылъхугъэр мащIэу щIэгуфIыкIри:
- Сыарэзыщ, сыарэзыпсщ, - къитыжащ жэуап.
Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым ахэр иджыри заулкIэ зэбгъэдэсыжри, щхьэж и пэшым щIыхьэжащ.
Лиуан нэху къекIащ зыгуэр щхьэкIэ гузавэу .
27 марта, 2023 - 07:47
Iуэтэж
Пэш куэду зэхэт ди унэм и етIуанэ къатым нанэ Любэ щыпсэурт. Илъэс 97-рэ хъуат зымахуэ. Нанэ гуапэ дыдэт, дапщэщ урихьэлIэми гуфIэжрэ, и сэламыр япэ иту.
27 марта, 2023 - 07:33
Апхуэдэут зэрызэджэжыр балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, къэралым я усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын. Ар къыщалъхуат Шэджэм аузым – ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым. Къайсын и дежкIэ и унэр, къыщалъхуа щIыпIэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, творчествэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэу бгырысхэм я уардагъымрэ? Хэт къэзыгъэлъэгъуэфар и лъэпкъым хэлъа бэшэчыгъэр, быдагъэр, къарур?
23 марта, 2023 - 09:00
Кирэ нанэ илъэс 80-м щIигъуат. Жьы дыдэ хъууэ зыри хузэфIэмыкIыж щыхъуаращ абы закъуэныгъэр къыщытехьэлъар.
Хьэуэ, мыр пенсэкIэ псэу лIыжь-фызыжьхэм ящыщтэкъым. 90 гъэхэм базэ ин гуэрым и унафэщIу лэжьати… Ахъшэр къэпкIэ я унэ къэзыхьахэм щыщщ.
23 марта, 2023 - 06:00
ЦIыху гъащIэ къигъэщIащ, хужаIэу, Нащ и ныбжьыр хэкIуэтами, къэзыцIыхухэм ягъэщIагъуэу, зи щIалэгъуэхэми абыкIэ къахэжаныкIыу, дуней къэхъукъащIэхэм кIэлъыплърейт. Ауэ аратэкъым гъэщIэгъуэныр. Нэхъ гъэщIэгъуэныр Нащ и цIыху ущиикIэрат. ЦIыхур дунейм щытеткIэ, зытет дунейм къыщыхъури щекIуэкIри ищIэну и къалэнщ. Дэтхэнэ зыми ещхьу, Нащи къэхъуа-къэщIахэр зригъащIэрт, имыщIэу зыгуэр зэрыблимыгъэкIыным хуэсакъырт. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр зи щIалэгъуэ, зи зэманыгъуэхэм ефIэкIрэ абыкIэ жыпIэну, газет, журнал, тхылъ еджэрейт хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ зимыгъэнщIу.
22 марта, 2023 - 13:31
Ар и фIэщыгъэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Молэ Барэсбий (1933 - 2010) и тхылъ, Молэм ипхъухэм ягъэхьэзырауэ.
22 марта, 2023 - 09:52
(Сабийхэм папщIэ)
Гъэмахуэкут. Залинэ и джэду хужь - къуэлэнышхуэр и кIэм иту лъэгу хадэм здехым, джэду шыр макъ къызэхихащ. Плъэмэ, мыIэрысей дэгу жыгыжьым и лъ лъабжьэм джэду шыр цIыкIуищ кIэщIэсщ, зэкIэщIэпщхьэпарэ, тIэкIуи зэрыпIыщIар плъагъуу. Я анэр ящIыгъутэкъым - гурыIуэгъуэт ар зы кIуэдыпIэ зэрихуар. Залинэ шырхэр пхъэ ашыкым иригъэтIысхьэри, гуэщ плIанэпэм щигъэуващ.
22 марта, 2023 - 09:49
ХьэтIохъущокъуэ Едыджыпщым лIы и псалъэ итати, къэгъазэ иIэжтэкъым. Аргуэру пелуанитI къегъуэтри, егъэIущ.
20 марта, 2023 - 13:48
Вакъэ щащэ тыкуэным и бжэIупэм илъэсипщI ныбжьым ит щIалэ цIыкIур Iутщ, абы и гъэлъэгъуапIэм тет вакъэ щIэрыпсхэр зэпеплъыхьри. А тхьэмыщкIэ цIыкIур и нэр тедияуэ вакъэ хуабэхэм йоплъ, зэрехъуапсэри нэрылъагъущ.
Страницы
|