|
Литературэ
12 декабря, 2022 - 09:22
Я унагъуэм къихъуа гуфIэгъуэм триIэтыкIырт дыгъужь анэри, дыгъужь адэри - шыр цIыкIуищ зэуэ яIэ хъуат! Абыхэм я кIий макъым я гур фIы ищIырт. Дыгъужь адэр апхуэдизкIэ гуфIэщати, дыгъужь анэм и гур нэхъри зэрыхигъэхъуэнур имыщIэу, жэщ, мыжыжьащэу щыхъуакIуэ мэл хъушэм къыхиудщ зы щынэ пшэр цIыкIуи, къыхуихьащ. Дыгъужь анэм ар ишхри, лъыр шыр цIыкIухэм я пэм, я Iупэм щихуэжащ - ерыскъыгъуэу къахуигъэщIам я нэхъыфIым и мэр абыхэм егъэцIыхун хуейт!
10 декабря, 2022 - 07:35
Iэмал зимыIэр
ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж, и лъэужь къонэри. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу.
6 декабря, 2022 - 13:48
Фащэм я нэхъ дахэр сыт? А упщIэм жэуап зэмылIэужьыгъуэ куэд къратыфынущ. АтIэми, цIыхум бгъэдэлъ гъэсэныгъэмрэ хэлъ хабзэмрэщ абы и фащэ нэхъыщхьэр.
6 декабря, 2022 - 09:28
Илъэс едгъэжьэжым дигу къигъэкIыж илъэс бжыгъэхэм язщ американ тхакIуэ Фолкнер Уильям и илъэси 125-р. 1949 гъэм литературэмкIэ Нобель и саугъэтыр къэзыхьа романытх цIэрыIуэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, и зы IэдакъэщIэкI иджыри къэс ди анэдэлъхубзэм къытхуигъэзэгъакъым.
6 декабря, 2022 - 07:35
Адыгэ узэщIакIуэ Адыл-Джэрий СулътIан и гъащIэмрэ и творческэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар 1821 гъэм къалъхуащ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар Хъан-Джэрий и къуэш нэхъыщIэщ, ауэ зэрыпэжым щыхьэт техъуэу тхылъымпIэ щыIэкъым.
Адыл-Джэрий СулътIан I876 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м Тифлис дунейм щехыжащ икIи и хьэдэр Кубань областым хыхьэ Пашковскэ станицэм щыщIалъхьэжащ.
5 декабря, 2022 - 13:22
Дыгъэр къепсщ, псым хэпсэщ, нурыфIэу зэщIэблэри - псэр къэхъуащ. Псэм дахагъэу иIэмрэ плъыфэу абы игъуэтымрэ пхуэмытхынщ. Псэм къару мыкIуэщI зэрыхэтым и щыхьэтщ «псибл Iутщ» жыIэгъуэри.
2 декабря, 2022 - 08:11
Адыгэ лъэпкъым и цIыхухэм щIэныгъэ щызыIэрагъэхьэфыну илъэсхэм хэкум итар е муслъымэн диным щыхурагъаджэ, е урысхэм къызэIуаха анэмэт еджапIэ закъуэтIакъуэхэрт. Зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэмыгъэпэща, езыгъэджэни зэреджэн тхылъи дахэ-дахэу зимыIэ а еджапIэхэм щIэсхэм щIэныгъэ куу щызрагъэгъуэтыфыртэкъым, тхэкIэрэ еджэкIэрэ щызрагъащIэ, есэпым тIэкIу щыгъуазэ зыщыхуащI мыхъумэ. Ахэр къэзыуххэми я щIэныгъэр къызэрагъэсэбэпышхуи щыIэтэкъым, зи щIэныгъэм езыр-езыру хэзыгъэхъуэфу, лъэпкъ щIэныгъэм елэжьыным гукъэкI хуэзыщIу абыхэм къахэкIхэри зырызыххэт.
1 декабря, 2022 - 11:27
Адыгэ литературэм и классик, усакIуэ икIи тхакIуэ, егъэджакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий дунейм зэрехыжрэ илъэс 81-рэ щрикъум ирихьэлIэу, щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык къалэм пэкIу щызэхэтащ. Ар къыщызэрагъэпэщащ усакIуэшхуэм и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и пщIантIэм дэт и фэеплъым деж.
Страницы
|