Литературэ

Тхыдэм и зы нэпкъыжьэу къэнащ

Андемыркъан и уэрэдым къыщыгъэлъэгъуащ абы и тхыдэр – къыщалъхуам къыщыщIэдзауэ щаукIыжам нэс. Абы тражыIыхь хъыбар гъэщIэгъуэн куэдым нэхърэ и уэрэдыр нэхъ пэжу къэлъытэн хуейщ. ДжэгуакIуэхэр фIыуэ зыщымыгъуазэ Iуэху уэрэдхэм халъхьэу щытакъым. Андемыркъан къэбэрдейуэ щыта пэтми, и уэрэдымкIэ ар адыгэ лъэпкъ псоми я зэхуэдэ лIыхъужь хъуащ. Абы и уэрэдыр Адыгейми, Шэрджэсми, Шапсыгъми, хамэ хэку щыIэ адыгэхэми жаIэ.

«Iуащхьэмахуэ»-м фыкъыщеджэ

«Iуащхьэмахуэ» журналым и къыкIэлъыкIуэ, мы гъэ и иужьрей къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Ар яIэрыхьащ почтэмкIэ Iэ щIэзыдзахэми редакцэм и деж къыщызыщтэжхэми. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар ялъэгъуакъым зыхуэтшэж IуэхущIапIэхэм. Илъэсым и кIэм машинэр зэрызыпэубыдам къыхэкIыу къыдатыфакъыми, ар щытхузэфIэкIынур щIышылэ мазэрщ.  

IуэрыIуатэр къызыхэкIыр

Лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэм халъытэ хъыбарыжь куэдым къежьапIэ яхуэхъуам, ахэр зытражыIэкIа къэхъугъэхэр зэрекIуэкIам, пшыналъэ къадэкIуэмэ, ар зэрызэхалъхьам я тхыдэм ущыгъуэзэнри гъэщIэгъуэн дыдэщ. Ахэр IуэрыIуатэ текстым я «щIыбагъ» къыдэт контекстщ. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэр къыщыщIэупщIэ щыIэщ апхуэдэ тхыдэ хъыбархэм. Адыгэ IуэрыIуатэм щIыпIэшхуэ щызубыд Андемыркъан и уэрэдыр зэраусами и хъыбарыр къызэрекIуэкIами ятеухуауэ КъардэнгъущI Зырамыку къихутэжахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.

IУЩАГЪЫШХУЭ ЗЫХЭЛЪ IУЭТЭЖХЭР

Да Винчи Леонардэ хъарзынэу къехъулIэу итхыжащ Iущагъышхуэ зыхэлъ псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ а Iуэтэжхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.
 
Бжей
Зы хадэ гуэрым бжей къыщыкIырт. Илъэс къэси зиужьырт абы - нэхъ ин, нэхъ дахэ хъурт. Пащтыхьыфэ зытет бжейм и пкъы уардэм жьауэшхуэ ищI хъуащ. Ауэ абы нэхъ зиIэтыху, зыгъэпэгэн-зыгъэщIэгъуэн хьэлри нэIуащэу дэплъагъурт. Зыри зримыпэсрэ псоми къахуеплъыхыу,  унафэ зыхэлъ макъкIэ кIиящ ар зэгуэр:

Тхыгъэ кIэщIхэр

ТхакIуэ, усакIуэ Къагъырмэс Борис и тхыгъэ кIэщIхэм гупсысэ шэрыуэхэр къыщиIуэтащ. Дыкъэзыухъуреихь дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэ куэдым нэ жанкIэ пхрыплъыфа Къагъырмэсым жылагъуэ зэхэтыкIэр зэгъэкIуауэ, узыщIигъэгупсысыжу а и тхыгъэ кIэщIхэм къыщигъэлъэгъуэжащ. 

Къатхъэн Назир и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ зэгуэх ямыIэу зэпыщIащ. ГъащIэм ипэжыпIэкIэ къыщыхъур цIыхухэм яхэIуа нэужь, зыгуэр кIэрыхуми, зыгуэр щIагъуми, IуэрыIуатэм лъэужь гуэр къыхенэ, ар зэрызыхащIам и щыхьэту уэрэд е хъыбар къонэ. Тхыдэ къэхъукъащIэхэм дапщэщи узыхурагъэплъэкIыж, абыхэм я джэрпэджэжыр иджырей гъащIэми къэсу зэрыщытым къыхэкIыу. Ауэ абыхэм къэхутакIуэхэм хуаIэ еплъыкIэхэр щызэщхьэщыкIым деж, IуэрыIуэтэжу къэсахэми уаблэплъыкIыфыркъым, яIэщIэкIа гуэр къиIуэтэнкIэ зэрыхъунум къыхэкIыу. Къатхъэн Назир ящыщщ лъэхъэнэхэр щызэблэкIым лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм.

ТхылъыфIыр куэд хъуркъым

Адыгэм бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр щыхъума тхылъ куэд дунейм къыщытохьэ ди республикэм. Иджыблагъэ къыдэкIащ ЗэрамыщIэ Заретэ адыгэ уэрэдхэр щызэхуихьэсыжа томиплI. Ар зи нэIэ щIэту къыдэкIа, тхылъхэм я редактор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къытхутопсэлъыхь хъугъуэфIыгъуэ куэд зэрыт тхылъхэмрэ, адрей къыдигъэкIыну и мурадхэмрэ. 

Япэрейхэр. Гуащэм и пшыналъэ романым щыщ пычыгъуэ

ЩIымахуэпэ мазэм и тIощIрэ етIуанэ махуэм ирихьэлIэу, нартхэм ижь-ижьыж лъандэрэ ягъэлъапIэу къекIуэкIырт Созрэш и махуэр. Унагъуэ ФIыгъуэм и хъумакIуэу, сыт хуэдэ узыфэми еIэзэу, нартхэ я тхьэ Созрэш и фэеплъу къудамибл зытет хьэмкIутIей башыр пщIантIэкум щыхатIэрт, къудамэ къэс мафIэ пагъанэрт, и щхьэкIэ дыдэм кхъуей плъыжь гъэгъуа пащIэрти, хъуэхъу жаIэрт. Унагъуэм я нысэ нэхъыщIэрт мафIэр пызыгъанэр, и гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ. Нысэ ямыIэмэ – пхъу нэхъыщIэрт. Гъуэгу тет цIыхухъухэм а махуэр ягъэлъэпIэнумэ, мафIэр пигъанэрт щIалэ нэхъыщIэм.

Дыгъэм и тыгъэр

Интернетым дыкъыщоджэ

Гъуэгуанэ кIыхьхэм я пэщIэдзэт

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дызыщыхурагъэджа «физикэ» щIэныгъэм къыдэкIуэу, дзэ Iуэхухэм щыхуагъасэ «военнэ кафедрэ» зыфIаща къудамэ щхьэхуи иIэти, тхьэмахуэм и зы махуэр абы щыдгъакIуэрт. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ