Литературэ

Тхыгъэ кIэщIхэр

ТхакIуэ, усакIуэ Къагъырмэс Борис и тхыгъэ кIэщIхэм гупсысэ шэрыуэхэр къыщиIуэтащ. Дыкъэзыухъуреихь дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэ куэдым нэ жанкIэ пхрыплъыфа Къагъырмэсым жылагъуэ зэхэтыкIэр зэгъэкIуауэ, узыщIигъэгупсысыжу а и тхыгъэ кIэщIхэм къыщигъэлъэгъуэжащ. 

Къатхъэн Назир и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ зэгуэх ямыIэу зэпыщIащ. ГъащIэм ипэжыпIэкIэ къыщыхъур цIыхухэм яхэIуа нэужь, зыгуэр кIэрыхуми, зыгуэр щIагъуми, IуэрыIуатэм лъэужь гуэр къыхенэ, ар зэрызыхащIам и щыхьэту уэрэд е хъыбар къонэ. Тхыдэ къэхъукъащIэхэм дапщэщи узыхурагъэплъэкIыж, абыхэм я джэрпэджэжыр иджырей гъащIэми къэсу зэрыщытым къыхэкIыу. Ауэ абыхэм къэхутакIуэхэм хуаIэ еплъыкIэхэр щызэщхьэщыкIым деж, IуэрыIуэтэжу къэсахэми уаблэплъыкIыфыркъым, яIэщIэкIа гуэр къиIуэтэнкIэ зэрыхъунум къыхэкIыу. Къатхъэн Назир ящыщщ лъэхъэнэхэр щызэблэкIым лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм.

ТхылъыфIыр куэд хъуркъым

Адыгэм бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр щыхъума тхылъ куэд дунейм къыщытохьэ ди республикэм. Иджыблагъэ къыдэкIащ ЗэрамыщIэ Заретэ адыгэ уэрэдхэр щызэхуихьэсыжа томиплI. Ар зи нэIэ щIэту къыдэкIа, тхылъхэм я редактор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къытхутопсэлъыхь хъугъуэфIыгъуэ куэд зэрыт тхылъхэмрэ, адрей къыдигъэкIыну и мурадхэмрэ. 

Япэрейхэр. Гуащэм и пшыналъэ романым щыщ пычыгъуэ

ЩIымахуэпэ мазэм и тIощIрэ етIуанэ махуэм ирихьэлIэу, нартхэм ижь-ижьыж лъандэрэ ягъэлъапIэу къекIуэкIырт Созрэш и махуэр. Унагъуэ ФIыгъуэм и хъумакIуэу, сыт хуэдэ узыфэми еIэзэу, нартхэ я тхьэ Созрэш и фэеплъу къудамибл зытет хьэмкIутIей башыр пщIантIэкум щыхатIэрт, къудамэ къэс мафIэ пагъанэрт, и щхьэкIэ дыдэм кхъуей плъыжь гъэгъуа пащIэрти, хъуэхъу жаIэрт. Унагъуэм я нысэ нэхъыщIэрт мафIэр пызыгъанэр, и гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ. Нысэ ямыIэмэ – пхъу нэхъыщIэрт. Гъуэгу тет цIыхухъухэм а махуэр ягъэлъэпIэнумэ, мафIэр пигъанэрт щIалэ нэхъыщIэм.

Дыгъэм и тыгъэр

Интернетым дыкъыщоджэ

Гъуэгуанэ кIыхьхэм я пэщIэдзэт

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дызыщыхурагъэджа «физикэ» щIэныгъэм къыдэкIуэу, дзэ Iуэхухэм щыхуагъасэ «военнэ кафедрэ» зыфIаща къудамэ щхьэхуи иIэти, тхьэмахуэм и зы махуэр абы щыдгъакIуэрт. 

Гугъэ-дыгъэ!

Гугъэрщ цIыхум и гъащIэ гъуэгур къыхуэзыгъэнэхур. ЩытыкIэ нэхъ хьэлъэ дыдэм къыщихутэми, къару къыхэзылъхьэжыр гугъэрщ. Ар цIыхум и гъащIэ гъусэщ. Бей Жансурэт «Гугъэ-дыгъэ» зыфIища и тхыгъэм къыщеIуатэ абы и лъэкIыныгъэр здынэсыр.

 

УсакIуэм и лэжьыгъэщIэ

«Фрегат» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Ацкъан Руслан «КIапсэрышэ» зыфIища и тхылъыщIэр. 
КъикIуа гъуэгуанэр къэзыпщытэж усакIуэм гъащIэм и IэфIыр ирепх псэуныгъэм къыхих гурыфIыгъуэм, къикIуа гъуэгуанэм къытрина лъэужь купщIафIэм, къинэмыщIхэм. «Илъэсхэр кIапсэлъэрышэу кIуэри ежьэжащ. Си ныбжьым нэса дэтхэнэ зыри зэупщIыжу къыщIэкIынщ, «НасыпыфIэу сыщыта?» - жиIэу. Сэ насыпыфIэу зызолъытэж. Нобэрей махуэм сыпсэууэ сыкъэсащ. Дуней дахэм, фIыуэ слъагъу лэжьыгъэм, цIыхухэм защызмыгъэнщIу сокIуэкI». 

Кулиевым и сатырхэр

    «Махуэку» къыдэкIыгъуэхэм я зым ди лэжьэгъу Шал Мухьэмэд и гукъэкIыжхэр къытеддзауэ щытащ. ЗэдзэкIакIуэу зэрылажьэм ипкъ иткIэ, зыхуэмыхьэзыр щытыкIэ гъэщIэгъуэн куэдым ихуэу зэрыщытам и зы щапхъэу, Мухьэмэд къытхуиIуэтэжауэ щытащ Ганди Индирэ СССР-м къэкIуауэ къыщыщыпсалъэм, Кулиевым и усэхэр къыхигъэхуауэ зэрыщытар. 

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым. «ТАСС Кавказ» фIэщыгъэр зиIэ а IэнатIэм гулъытэ нэхъыбэу зыхуищIыр КИФЩI-м щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэхэращ. Ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд, жылагъуэм гупсысэр щызыунэтI, Iуэхугъуэ хэхахэр зэрыпхагъэкI Iэмэпсымэ лъэщхэм халъытэ а IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт щрагъэкIуэкIащ, ди республикэм и еджагъэшхуэхэр хэту.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ