|
Литературэ
27 марта, 2020 - 05:08
Данэху унэр къыщилъэскIэ хъыданищ IэщIэлъу плъагъумэ,
«ЗэрищIынур сщIарэт», - жыпIэу, куэдрэ умыгъэщIагъуэ.
25 марта, 2020 - 05:05
ЯПЭ IЫХЬЭ
ПЭУБЛЭ
Тхьэуэ Лъагэм и дахагъэр зэуэ ищIкъым нэIурыт,
Дзыхь хуэпщIыфу уригъасэу, пIалъэ кIыхь къыппеубыд.
Махуэр кIуэкIэ гъащIэм хэщIкъым. ГущIэгъубэм Iуэху уищIамэ,
ПлъапIэ псоми теIэбэнур тэмакъкIыхьхэрауэ жаIэ.
«Къэрэндащыр» урысыбзэщ, «къалэм» жызыIэр хьэрыпщ,
Хьэрф изытхъэ Iэмэпсымэм и анэдэлъхубзэр сыт?
Ди бзэм псалъэ хуримыкъуу зигу темыхуэ щIалэ гуэрхэм
«Рытх» фIащауэ зэхэсхащи, вдэну сщIамэ, есхьэжьэнут.
20 марта, 2020 - 05:18
Лондон щыпсэу адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, Дуней псом я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Сочэ къалэм дыгъэгъазэм щекIуэкIа ЕтIуанэ дунейпсо кинофестивалымрэ SIFFA киносаугъэтымрэ къызэзыгъэпэща икIи абы и президент хъуа,
20 марта, 2020 - 05:17
Переделкинэ щыIэ тхакIуэхэм я унэм щызэхуэсащ КIыщокъуэ Алим, абы и щхьэгъусэр, Къандур Мухьэдинрэ Любэрэ. 2001 гъэ
18 марта, 2020 - 05:15
Хьэткъуэ Умарщ (Омер СейфеддинкIэ зэджэжыр) иджырей тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъар. ТхакIуэ-реалистым, тырку литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд.
13 марта, 2020 - 05:05
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) Куржым и ТхакIуэхэм я союзым и урыс къудамэм и унафэщIт. Абы и къалэмыр хуэлажьэрт зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэм я гъащIэр, я дуней еплъыкIэр къэгъэлъэгъуэным. Аджыкъур тетхыхьащ адыги, куржыи, урыси, румыни, мэжэри, лыхьи...
5 марта, 2020 - 05:19
«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щитхащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм. Тхылъыр 1956 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Ар къызэIуех Щэукъийм и поэзиемкIэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа нэгъуэщI усакIуитIми - Мыхьмуд Сами аль-Барудирэ Исмэхьил Сабрирэ - я усыгъэхэр ихуащ а тхылъым.
4 марта, 2020 - 05:02
- Ар сыт хуэдэ опыт? - Угъурлыжь щIоупщIэ, хъыбар гъэщIэгъуэн едэIуэну зигъэхьэзыра нэхъей. - А дуракыжьыр химик хъуауэ ара, Менделеевым и лъэужьыр ихуу?
- СщIэркъым, ауэ…дыгъуэпшыхь узэфа коньякыр зыщIар аращ…
28 февраля, 2020 - 05:10
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
мазаем и 21-м итщ).
21 февраля, 2020 - 05:12
- Дауэ сыщытын: си лъакъуитIыр щIэхуарэ гунэдж лъэпкъ симыIэжу сыщысщ, сыкъопэзэзэхри, - жеIэ Хьэбалэ къыщIэупщIэну (махуэ къэс зэхуэмызэфыми, телефонкIэ куэдрэ зэрыщIэрт) къэпсэлъа Емынэжь жэуап иритыжу. - КъэпщытакIуэ къэкIуауэ, а фи курсэгъуу щыта фейцейм (Хьэмзэтт жыхуиIэр) сыкъретхэкIыр, си лэжьэкIэм нэхъ кIуэцIрыхуа щымыIэу къилъытэу.
Страницы
|