Щэнхабзэ

ЦIыху зэфIэкIыбэт

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ Республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, уэрэдус, тхакIуэ Иуан Владимир Шэмыс и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.

Лъэныкъуэ куэдкIэ ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа артистым, тхакIуэм, уэрэдусым цIыхубэм хуаIэ лъагъуныгъэр нобэр къыздэсым кIуэщIакъым. Абы щыхьэт тохъуэ и зэфIэкIым и гугъу ящIу щIэх-щIэхыурэ зэрызэхэпхыр.

Бжьыпэр зыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщ

Иджырей лъэхъэнэр – ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщегъэжьарэ иужьрей илъэс тIощIыр къызэщIиубыдэу – къапщтэмэ, шэрджэс усыгъэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ пхужыIэнукъым, абы хэлэжьыхь усакIуэ нэхъыщIэхэм я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу. Нэхущ Мухьэмэд, Дыгъужь Къурмэн, Бемырзэ Мухьэдин сымэ дунейм зэрехыжрэ, шэрджэс усыгъэр куэдкIэ нэхъ фагъуэ хъуащ, абы и зыужьыныгъэри къэбэрдей усыгъэм хэпщIыкIыу къыкIэрыхуащ.

Макъамэм и фIыпIэмкIэ къытхуэупса композитор

Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэмрэ Краснодар краймрэ щIыхь зиIэ я артист, УФ-мрэ Адыгэ Республикэмрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм щыщу композитор IэщIагъэм япэу хуеджа, СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт (1985 гъэ), Краснодар щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и къэрал университетым щIыхь зиIэ и профессор, АР-м и Iэтащхьэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и чэнджэщэгъу, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэща Нэхей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу. 

Къуажэр зыгъэунэхуа

«Къуажэр зыгъэунэхуа» - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ къали 163-м къыщагъэлъэгъуэну хуиту, иджыблагъэ яутIыпща «Испытание аулом» фильмыр. Нэгъуеибзэрэ урысыбзэкIэ ар щытрахащ Къэрэшей-Шэрджэсым. Мыр икIи япэ фильм кIыхьщ, а республикэм щытрахауэ.

УсакIуэпсэм и «плъэкIэр»

90 гъэхэм къэрал псом къыщыхъуа жылагъуэ, политикэ, щэнхабзэ, литературэ зэхъуэкIыныгъэхэм зи усакIуэцIэр къадэунэхуахэм ящыщщ МахуэлI Нарзан. Ар усэ тхылъищкIэ («Гум и пшыналъэ» (1994), «Мывэм сопсалъэ» (1997), «Усэхэр» (2001) лъэпкъ литературэм хэуващ, ауэ иужьрей лъэхъэнэхэм и усакIуэ «макъыр» нэхъ ужьыхыжащ. Апхуэдэу щытми, МахуэлIыр нэхъ усыгъэ купщIафIэкIэ, философие кууагъ зыщIэлъкIэ зи макъ зыгъэIуа закъуэтIакъуэм ящыщщ.

Афэрым, Идар!

Зэпеуэхэр

Кавказ псом щапхъэ къытрахырт

Фащэр лъэпкъ напэщ, и щэныр япэу уэзыгъэлъагъущ. Адыгэм лIэщIыгъуэ куэдым къыпхиха и фащэм тетхыхьари мащIэкъым, щапхъэ абы тезыхыу къэзыщта нэгъуэщI лъэпкъхэри нобэ къыддогъуэгурыкIуэ. Ди лъэпкъ фащэм и дахагъэм и закъуэкъым гу зылъыптэр, атIэ нэрылъагъущ ди япэ итахэм фэилъхьэгъуэм и плъыфэмрэ тхыпхъэмрэ гупсысэ, щIагъыбзэ куу зэрыщIалъхьар. 

УэсятиплIрэ чэнджэщиплIрэ

 Iэбу ТIалиб и къуэ Алий зэрылIыкIыну уIэгъэр телъу, и къуэ Хьэсэн къыщхьэщыст, гъыуэ. 
- Сыт ущIэгъыр? – йоупщI и къуэм Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Алий. 
- Дауэ сымыгъынрэ, ди адэ? Уи псэр хокI, дунейр уобгынэ, ахърэтым уокIуэж. 
Адэ гумащIэр къэпсалъэри жиIащ: 
- Уа, си щIалэ! УэсятиплIрэ чэнджэщиплIрэ къыпхузогъанэри, абыхэм утетыфмэ, пщIам и зэран къокIыжынкъым. 
- Сыт хуэдэ ахэр, ди адэ? – щIэупщIащ Хьэсэн. 

Зы сурэтым и хъыбар

«Монэ Лизэ» сурэтыр Леонардэ да Винчи и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Абы къищ бзылъхугъэм и теплъэм тIэкIу зэхэзещхъуэн уищIынкIэ хъунущ набдзэ зэримыIэм къыхэкIыу. КъызэрыщIэкIымкIэ, япэщIыкIэ набдзэр тещIыхьат, ауэ сурэтыр къыщагъэщIэрэщIэжым (реставрация) къаIэщIэщIэри, набдзэр трахащ. ТепщIыхьыжынри дзыхьщIыгъуэджэт.

Бзылъхугъэ гуащIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ зэрыуэрэджыIакIуэ Iэзэм къыдэкIуэу икIи егъэджакIуэ гумызагъэщ, гъэсакIуэщ, хабзэ зыхэлъ, къызыхэкIам хуэфащэ бзылъхугъэ гуащIафIэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ