|
Щэнхабзэ
12 августа, 2020 - 05:15
Дунейпсо Шэрджэс фестивалым (1991 гъэ) и лIыкIуэхэу нэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Сирием щыпсэу адыгэ пщащэ КIэдыкIуей Хъанэ.
Хъанэ Дамаск еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиухащ. И IэщIагъэкIэ сурэтыщIщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт зыбжанэ Сириемрэ США-мрэ ехъулIэныгъэ яIэу щагъэлъэгъуащ. ИужькIэ КIэдыкIуейр стюардессэу лэжьащ, къэрал куэд илъэгъуащ. Езым зэрыжиIэжымкIэ, Хэкужьым нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ, нэхъ зыгъэпIейтей дунейм темыту аращ.
7 августа, 2020 - 05:20
ЦIыхубэ уэрэдхэр гум нэсу зыгъэзащIэу щыта, зи макъ гуакIуэр куэдым ягу къинэжа Руслановэ Лидие Саратов губернием хыхьэ Чернавкэ къуажэм 1900 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м къыщалъхуащ. Япэ дыдэу абы тегушхуэу уэрэд щыжиIам и ныбжьыр илъэсих къудейт зэрыхъур.
5 августа, 2020 - 05:08
Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур 1976 гъэ лъандэрэ Москва къалэм щолажьэ. Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ музыкэ академиер къиухащ. Союзпсо, Урысейпсо зэпеуэхэм я лауреатщ. Совет Союзым хэта республикэхэм я мызакъуэу, Бельгием, Германием, Израилым, Индием, Иорданием, Италием, Польшэм, Словакием, Словением, США-м, Тыркум къыщацIыху.
1989 гъэм къыщегъэжьауэ 1992 гъэ пщIондэ Театр гъуазджэмкIэ урысей академием (ГИТИС) щригъэджащ.
29 июля, 2020 - 05:07
«Мстиславрэ Ридадэрэ» - аращ зэреджэр иджыблагъэ Котляровхэ я тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъыщIэм.
24 июля, 2020 - 05:15
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Нэхущ (Къаскъул) Залинэ зи IэщIагъэм хуэIэижь, Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ лэжьакIуэщ.
22 июля, 2020 - 05:11
ТхылъыщIэ
XX лIэщIыгъуэм балъкъэрхэм я псэукIар къызыхэщыж дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ щызэхуэхьэса томих Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIын зэрыщIадзар нэхъапэIуэкIэ теддзауэ щытащ.
17 июля, 2020 - 05:15
Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, дыгъуасэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар - илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъусаныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щыщIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ - ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.
15 июля, 2020 - 05:17
Лъэпкъ Iуэху зыгъэкIуатэ, абы зезыгъэузэщI, зэчий зыбгъэдэлъ, фIыщIэрэ щIыхьрэ къэзылэжь цIыхухэм я гугъу щыпщIкIэ, плъэмыкIыу уопIейтей, зыгуэркIэ хуэфащэ псалъэхэр къэзмыгъуэтмэ, и ехъулIэныгъэхэм ящыщ гуэр гулъытэншэу къэзгъанэмэ, жыпIэу.
8 июля, 2020 - 05:08
Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыуагъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Страницы
|