|
Щэнхабзэ
14 декабря, 2018 - 05:05
«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ ирокъу
Къафэм и бзэр пкъым и тхыпхъэщ,
Пхъэру гущIэр зыIулIыфщ.
Тхыдэ жыжьэр зи щIыхь джатэр,
Лъэпкъ Iэужьу махуэ (насып) щылъхущ.
Си адэшхуэм ипкъ кърихри,
Дамэ лъэщу къызитащ.
Пшынэ Iэпэр лъапэрисэм,
Къафэр пкъыкъым, къафэр псэрщ.
Щ. З.
14 декабря, 2018 - 05:05
Илъэс 40-м нэблэгъауэ къафэм и фIыпIэм хэтщ «Кабардинка»-м и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артистщ, Ингуш, Шэшэн республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреатщ, цIэ лъапIэ бжыгъэншэхэр зыхуагъэфэщащ. Игорь илъэс 20-м нэблэгъауэ ансамблым и художественнэ унафэщIщ икIи а зэманым къриубыдэу къафэ гъуазджэм и псалъэ щыжиIа къудейкъым, атIэ лъэпкъым и тхыдэм хэмыгъуэщэн лъагъуэ къыхинащ.
14 декабря, 2018 - 05:05
ГъущIо зэщхьэгъусэхэу Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.
Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ. ИкIи хущIегъуэжакъым. Сюзаннэ жеIэ «Кабардинка»-м щылэжьэну щIэхъуэпсми а и хъуэпсапIэм щышынэжу зэрыщытар, ар узылъэмыIэсын лъагапIэ гуэру къыщыхъуу.
14 декабря, 2018 - 05:05
Къафэм декIу макъамэ щIэмылъмэ, ныбжь къудейщ. ЗэвгъэцIыху «Кабардинка»-м и псэхэлъхьэж зэщхьэгъусэхэу Дэрокъуэ Рамирэ (ансамблым и музыкэ унафэщIщ) Дэрокъуэ (Къумыкъу) Марьянэрэ (гупым и пшынауэщ).
12 декабря, 2018 - 05:08
Темыркъан Юрэ и гупсысэхэр
Сэ фIыуэ къызгуроIуэ: зэпеуэм япэ саугъэтыр къыщыпхьыныр пщIэшхуэщ - гъуазджэр къысхуэупсауэ аращ абыкIэ. Абы и щIыхуэ стелъщ сэ: япэ саугъэтым къысхуихьар гуфIэгъуэм и закъуэкъым - си пщэм къалэнышхуэ къызэрыдэхуари зыхэсщIащ абы щыгъуэ. Япэ саугъэтыр къысхуагъэфэщауэ щызэхэсхам, щтэIэщтаблэ сыхъуауэ щытат, уеблэмэ сыкъэшынат.
12 декабря, 2018 - 05:07
Зи гугъу фхуэсщIыну лIы щэджащэм папщIэ псалъэ зытIущ стхынщ жысIэу сыщытIысым, си гум къэкIар зыщ - си анэ дыщэу СэIихьэт гущэкъу уэрэдрэ пшыналъэ дахэу сызыщIипIыкIарщ. Ар анэ быдзышэм дэщIыгъуу си гъащIэм къызэрыхыхьарщ. Си адэм жиIэу щытащ: «АдыгэлIым Тхьэм и натIэм къритха насыпым дэщIыгъуу гъущI гуахъуэмрэ шэмэджымрэ и мыIэпэгъумэ, ар адыгэлIу убж хъунукъым». Абы дыщIипIыкIащ, абы дыхуиущийуэ дыкъэхъуащ быниблри. Ауэ Алыхьым иухам уфIэкIынукъым.
12 декабря, 2018 - 05:00
Дэнэ щыпсэу адыгэри зыгъэгуфIэн Iуэху къэхъуащ - дуней псор «Черкеска»-кIэ зэджэ ди лъэпкъ фащэр (цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ саери) адыгэм дызэрейм и щыхьэт тхылъ иджыблагъэ къытIэрыхьэжащ.
7 декабря, 2018 - 05:08
Хабзэ
* ЦIыху гуп зэхэсым нэхъыжь къахыхьэрэ е здыблэкIым сэлам къарихамэ, псори мэтэджри фIэхъусым и жэуапыр ятыж.
* ГуфIэгъуэ Iэнэм бгъэдэсхэм «Гуп махуэ апщий» жиIэу къахыхьаIамэ, Iэнэм и нэхъыжьым фIэкIа къэмынэу мыдрейхэр къотэджри сэламыр къыIах. КъыщIыхьам гуп махуэбжьэ ират. Ар къэтэджахэм нэхърэ нэхъыжьмэ, бжьэм хэIубу е ефэу къезытам иратыжыхукIэ зыри тIысыжыркъым.
7 декабря, 2018 - 05:08
Шыуаным псы щIыIэ иракIэ, япщэфIыну къагъэхьэзыра шатэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр шыуаным иракIэри, дакъикъэ зы-тIукIэ къагъавэ. Къэнам джэдыкIэ кугъуэ уда хакIэ, зэIащIэурэ гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ, а псори шыуаным ит шатэ къэкъуалъэм хакIэ, зэIащIэурэ дакъикъи 5-8-кIэ хьэкум трагъэтщ. Абы и ужькIэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта кхъуей цIынэ гъэтэджа мышыур хакIутэ, псы щIыIэ тIэкIукIэ зэхэщIа шыгъушыпс хакIэ, шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу къагъанэри, дакъикъи 10-12-кIэ, тхъу къыщIидзыху, мафIэ цIыкIум тету къагъавэ.
7 декабря, 2018 - 05:07
Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20-30-кIэ. ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3-4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх.
Страницы
|