Щэнхабзэ

Уэрэдым и хъуреягъкIэ

 Уэрэдым и щIэнгъуазэкIэ уеджэну хуэфащэщ иджыблагъэ Налшык дэт «Печатный двор» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей артиадэм и лауреат, уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ и уэрэдылъэу «Лъахэ уэрэдхэр» зыфIищам.

«Шэрджэс» гупыр ягъэлъапIэ

Железноводск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэкIащ «Национальная пре­мия имени Айседоры Дункан» V дунейпсо зэпе-­ уэр. Ар къызэрагъэпэщащ иджы­­рей къафэм хэлъ­хьэ­ныгъэшхуэ хуэзыщIа къэфакIуэ цIэрыIуэм и щIыхь­кIэ. Саугъэт нэхъыщхьэмрэ япэ увыпIитIрэ абы къыщихьащ цIыхубэ къафэхэмкIэ «Шэрджэс» ансамблым (ху­до­жественнэ унафэщIыр БжьыхьэлI Замирщ).

КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дапхъэ щагъэуват щIэныгъэлI-Iуэры­Iуатэдж КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ, къыдигъэкIа тхылъ­хэр, нарт хъыбархэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, уэрэ­дыжьхэр, пшыналъэхэр зэ­рытхэр, иужьрейхэр щызэ­хуэхьэса дискхэр, Зырамыку и унагъуэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм щIыгъуу траха сурэтхэр къызэщIиубыдэу.

ЦIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дыгъэгъазэм и 9-м щекIуэкIащ адыгэ уэ­рэ­дыжьхэм хуэIэкIуэлъакIуэу щыта, IуэрыIуатэдж, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ ­Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку и фэ­еплъу къызэрагъэпэща цIы­ху­бэ уэрэдхэм я фестиваль-зэпеуэм и кIэух пшыхьыр. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэ­Iэпыкъуэгъуу. 

Къэбэрдей театрым и вагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъ щэнхабзэм зыщиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ Адыгэ театрыр къызэзыгъэпэщахэм яхэта, сценэм япэу зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуа адыгэ бзылъхугъэ Балъкъэр Калисэ. 

Сыт хуэдэ макъамэри къэзыгъэIурыщIэ

Гуазэ Тимур оперэ уэрэджыIакIуэ хъуну гугъэ уэзыгъэщI бгъэдэлъ хуэдэтэкъым. Ар къызэрыгуэкI къуажэ щIалэ цIыкIуу Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщыхъуащ: школым щеджэрт, и адэ-анэм ядэIэпыкъурт, и ныбжьэгъухэм я гъусэу топ кърихуэкIырт… Ауэ псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъур еджэнырт, нэхъыбэу къихьри тхут.

Къарэжь Людмилэ: Утыкум куэдрэ уиджэразэкIэ нэхъ пщIэ лей уиIэнукъым

Псэм фIэфI Iуэхум цIыхур зэрыдэщIэращIэм и щыхьэтщ   КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Къарэжь Людмилэ  и гъащ1э  гъуэгуанэр.  Илъэс   22-кIэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым хэта бзылъхугъэм   и теплъэ гуакIуэм   зэманым  хуещIа щIагъуэ щымыIэу къыпщохъу. 

МакъамэкIэ къэIуэта дуней тетыкIэ…

Налшык щыIэщ «Ored Rekordings» этнографие макъамэ IуэхущIапIэ (лейбл). Абы и къызэгъэпэщакIуэхэщ Хьэлил Болэтрэ Къуэдзокъуэ Тимуррэ. Лъэпкъ шыфэлIыфэ, псэукIэ, щэнхабзэ къызыхэщ уэрэдхэр къагъэщIэрэщIэж. Ахэр теухуащ пасэ лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа Iуэхугъуэхэм: зекIуэм, щакIуэм, мэш щIэным, цIыхум еIэзэным, нэгъуэщI куэдми. Мыр макъамэ къудейкъым зыхуэгъэпсар, атIэ адыгэ щыIэкIэр макъамэкIэ къегъэпсэуж. ЩIэх-щIэхыурэ зэплъэкIыж лъэпкъым зецIыхуж. АтIэ пасэрей макъамэри зы гъуджэ тIорысэщ. Гъуджэр жьы хъуащ, къитхъащ, IэпапIэщ.

СурэтыщIым и лъагъуэ

Адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Маргъущ Анатолэ псэужамэ, и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 21-м илъэс 70 ирикъунут.

Кинор псэущ, цIыхухэр еплъыху

АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмым иджыри къыздэсым цIыхухэр кIуэурэ йоплъ. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ