|
Щэнхабзэ
28 ноября, 2018 - 05:00
Шатэр псы щIыIэ зрагъэжыхьа шыуаным иракIэ, мафIэм трагъэувэри, зэIащIэурэ дакъикъи 5 - 6-кIэ къагъавэ, цIыкIу-цIыкIуу зэпыупщIа кхъуей цIынэ халъхьэ, аргуэру къагъэкъуалъэ, кхъуейр зэпыш хъуху е ткIуху. ИтIанэ шатэ гъэвам, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, ху хьэжыгъэ ухуэнщIа хаудэ, дакъикъэ 15 - 20-кIэ ягъажьэ, мафIэр цIыкIуу, и щхьэр тепIауэ. Жэмыкуэм тхъу къыщIэкIыу зэрыхуежьэу, шыгъушыпс хакIэ, псы щIыIэ тIэкIукIэ зэIыха джэдыкIэ кугъуэ уда, зэIащIэурэ, хакIэ, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъи 5 - 6-кIэ ягъажьэ, тхъу къыщIидзыху.
28 ноября, 2018 - 05:00
Шыуаным тхъу иралъхьэри къагъэплъ. ИтIанэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта бжьын халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 2 - 2,5-кIэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр плъыжь хьэжа хадзэ, аргуэру зэIащIэурэ дакъикъи 2 хуэдизкIэ ягъэлыбжьэ. Абы, яшыури, джэдыщIэ зэпкърыхар халъхьэ, зэIащIэ. МафIэ мыиным тету, и щхьэр тепIауэ, зэзэмызэ зэIащIэурэ ягъажьэ, вэгъу дахэ трищIэху.
Страницы
|