Щэнхабзэ

Къафэр, макъамэр, гукъыдэжыр

Налшык Макъамэ театрым щекIуэкIащ Зэныбжьэгъугъэм и Дунейпсо фестивалыр. «Адыгэ фащэр сэ схуадами, Кавказым ис псоми яхуэ­хъуащ» - арат абы фIащар.

Таурыхъхэм къахэкIа гуащэхэр

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Лъэпкъ къэрал библиотекэм, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм, гъуазджэхэмкIэ и къудамэм щагъэлъагъуэ художник, гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI Хъуран Жаннэ и лэжьыгъэхэр.

ГъэфIагъыбзэу «КIунэ цIыкIукIэ» къызэджэрт

Адыгэ, урыс, балъкъэр театрхэр зэгъусэу дылажьэу щытащ дэ. Театрыр театрщ, абы зыгуэр щы­зэ­мытIыркъыу, щызэ­фIэ­мынэу къэхъуркъым, абы щыгъуэми Iуэху­щIапIищ ущыхъукIэ. Апхуэдэ щыты­кIэхэр тыншу щабэ ищIы­жыфырт Тубайм. Зэрыхъуари зэ­рыщIари умы­щIэу, жыжьэ къы­щыщIидза хуэдэу къыпщыхъу зы псалъэмакъ гуэркIэ Iуэхум гъу­нэгъу зыкъыхуи­щIырти, ар зыт­риуIэфIэжырт.

Актёр телъыджэ, режиссёр Iэзэ, драматург цIэрыIуэ

Тубай Мухьэмэд Мудар и къуэр 1919 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Тэрч районым хыхьэ Къаншы­уей (иджы Курп Ищхъэрэщ) ­къуажэм къыщалъхуащ. 

Си адэм и фIыщIэ

Насып нэхъ ин дыдэу къызэуэлIахэм ящыщщ Тубай Мухьэмэдрэ ДыщэкI КIунэрэ         я унагъуэм сыкъызэрыщалъхуар. Апхуэдэ псалъэхэр дэтхэнэ зы къуэми, пхъуми хужы­Iэну къыщIэкIынщ, ауэ егъэлеяуэ адэ-анэфI, зэгурыIуэрэ зэрылъытэрэ я кум дэлъу, сиIащ.

Хьэгуарэ Джамилэ японыбзэкIэ «мэпсалъэ»

Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дирижёр телъыджэ Темыркъан Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъу илъэ­сым, 2013 гъэм, Санкт-Петербург дэт «Скифия» тхылъ тедзапIэм къыщы­дэкIауэ щытащ Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища и тхылъыр.

ФIыгъуэ мылъытэ

УФ-ми КъБАССР-ми щIыхь зиIэ я артист, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгейми я къэрал саугъэтхэм я лауреат, режиссёр, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ, тхакIуэ, драматург, егъэджакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр псэужамэ, жэпуэгъуэм и 15-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Къэбэрдей литературэм и жьантIэдэс

УсакIуэ, журналист Iэзэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу

УэрэдкIэ дунейм йопсалъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щып­сэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Согуэ Данил Жамболэт и ­къуэм и ныбжьыр  илъэс 80 ири­къуащ.

Лъэпкъым куэд хуэзылэжьа

IуэрыIуатэдж, уэрэджыIакIуэ, композитор Бэрэгъун Владимир и цIэм, хуэфащэ дыдэу, увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и тхыдэм. Лъэпкъ макъамэ IуэрыIуатэм емызэшыжу зэрыхэлэжьыхьам и фIыгъэкIэ зэхуэ­хьэсыжа, нотэкIэ тха хъуащ адыгэ цIыхубэ уэрэдрэ пшыналъэу куэд дыдэ.
Бэрэгъун Владимир 1939 гъэм дыгъэ­гъазэм и 31-м Кэнжэ къуажэм къыщалъ­хуащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым ар жыджэру хэтт художественнэ самодея­тельностым. Абы макъ шэщIа дахэкIэ жи­Iэрт адыгэ уэрэдыжьхэри композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэри.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ