Щэнхабзэ

Зыужьыныгъэм и «кIыщ»

Дэтхэнэ лъэпкъри лъэпкъыу щызыгъэIэр и анэдэлъхубзэращ. Бзэм и хэщIапIэу, и хъумапIэу щыIэр, дауи, театрырщ, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газет, журналхэрщ. Адыгэм ди насыпщ «Iуащхьэмахуэ» журналыр  дызэ­риIэм­кIэ.

«Iуащхьэмахуэ» журналыр илъэс 60 ирокъу

Адыгэ сабий литературэр зэхэзыублахэм ящыщщ Щомахуэ Амырхъан Къамызэ и къуэр. Абы и къалэмыпэ къыщIэкIащ нэхъ цIыкIухэми балигъхэми гукъинэ ящыхъуа усэ, рассказ, повесть хьэлэмэтхэр, роман, драматическэ тхыгъэ зыбжанэ.

«Нартхэм я фIыгъуэхэр» Налшык щагъэлъагъуэ

Сабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ уардэунэм щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» Х дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Дети России за мир в Сирии» япэ арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр. Утыку къыщрахьахэм ящыщщ КъБР-м щыпсэу Сирием щыщ ди лъахэгъу ныбжьыщIэхэу зэпеуэм и лауреатхэмрэ дипломхэр зыхуагъэфэщахэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр.

Зыми памыщI

СэркIэ хьэкъщ симфоническэ эстрадэри, оперэри, балетри къэзыгъэIурыщIэф, а псоми я купщIэр къэ­зы­тIэ­щIыф дирижёр Iэзэ дыдэхэм Темыркъан Юрий зэращыщыр.
 

Лъэпкъ Iущыгъэм и щIэнгъуазэ

Бгырыс лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр, шыпсэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр иту томищ хъу къыдэкIыгъуэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ.

Театрыр ноби зи пщIыхьым хэт

Театрыр дунейпсо гъуазджэм и Iыхьэ нэхъ лъэрыхь дыдэхэм ящыщщ. Ар и «щхьэцыгъуэхэмкIэ» хэухуэнащ литературэм, ма­къамэм, къафэм, уэрэдым, ­гъуа­з­джэм и нэгъуэщI лIэужьы­гъуэхэм.

Анэдэлъхубзэрщ зэрыгупсысэр

Быным адэ-анэм хуаIэ гурыщIэхэр къа­Iуэтэну адыгэ хабзэм къызэремызэгъым къыхэкIыу, сэри си адэм сытепсэлъыхьыну мащIэу соукIытэ.

Си гъащIэр схьащ лъэпкъым щхьэкIэ сыхъуапсэу

Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм Шостакович Дмитрий и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зы­хуагъэфэща ХьэIупэ ДжэбрэIил лъэпкъыр зэрыгушхуэщ, лъэпкъыр зыгъэгушхуэщ.

Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым къыдэкIыу…

Адыгэбзэр джыныр, адрей бзэхэми хуэдэу, псалъэхэр зэхуахьэсурэ къежьа Iуэхущ. 17-нэ лIэщIыгъуэм япэу а Iуэхум иужь ихьащ нэмыцэ щIэныгъэлI Дрешер. Абы зэхилъхьащ нэмыцэ-адыгэ-осетин псалъалъэ.

Театрым и илъэсым хуэгъэпсауэ

Гъэлъэгъуэныгъэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Театрым и илъэсым хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ