Щэнхабзэ

СурэтыщIым и лъагъуэ

Адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Маргъущ Анатолэ псэужамэ, и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 21-м илъэс 70 ирикъунут.

Кинор псэущ, цIыхухэр еплъыху

АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмым иджыри къыздэсым цIыхухэр кIуэурэ йоплъ. 

Адыгэ кином цIыхухэр макIуэ

Мы махуэхэм илъэситI ирикъуащ театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмыр утыку къызэрырахьэрэ. 2019 гъэ лъандэрэ УФ-м и кинотеатрхэм щекIуэкI а фильмым цIыху мин бжыгъэхэр еплъащ. Ютуб каналым цIыху мелуан 40 щеплъащ. Ар иджыри киногъэлъэгъуапIэхэм щокIуэкI, трагъэзэжурэ еплъыр куэдщ.

Журналист ныбжьыщIэхэр ягъэпажэ

Бахъсэн къалэм «Мамы­рыгъэмрэ щэнхабзэмрэ я парк» къызэрыщызэIуахым ирихьэлIэу, «Баксан» газетым хэIу­щIыIу ищIауэ щытащ ­къалэм и гъащIэр къызыхэщ тхыгъэхэм я зэпеуэ зэ­ры­ригъэ­кIуэкIым теухуа хъыбар. Абы къыхэжаныкIахэр газетым и редакцэм щэкIуэ­гъуэм и 17-м ирагъэблагъэри, саугъэтхэр къратащ. 
 

Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ

Адыгэ бзылъхугъэр анэ гумащIэм, унэгуащэ щыпкъэм, бзылъхугъэ Iэ­пэ­Iэсэм, Iущым, гуапэм и щапхъэщ. Ап­хуэдэщ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, лъэпкъ фащэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж дизайнер цIэрыIуэ, АР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт усакIуэ Бэджокъуэ Бэлэ. 

Зи вагъуэр нуру блэ

ЗэрытщIэщи, дэтхэнэ зы цIыхуми нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр дамэ къытезыгъакIэ и унагъуэращ, мывэ къыру и щIыбагъ къыдэт, гуфIэгъуэхэр къыдэзыгуэш, гузэвэгъуэхэр къыдэзыгъэпсынщIэ и адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу я бынхэр Сабий унэхэм къыщыщIанэ дрохьэлIэ.

ХьэпащIэ Заудин: Нобэ дызэлъэпауэр пщэдей къытхуэщтэжынукъым

КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и музыкэ унафэщI, пшынауэ цIэрыIуэ ХьэпащIэ Заудин и ныбжьыр мы гъэм илъэс  65-рэ ирикъуащ.

Пушкин и тхыгъэеджэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм  иджыблагъэ щекIуэкIащ «Пушкин и тхыгъэеджэ» Iуэху дахэр. Ар егъэщIылIауэ щытащ   Пушкин теухуауэ  а  музейм къыщызэрагъэпэща  гъэлъэгъуэныгъэм.
     «Пушкин и тхыгъэеджэм» хэтащ «Свеча» литературэ  клубым   щыщ  ныбжьыщIэхэмрэ «ДыгъафIэ къалэм»  щеджэхэмрэ.
    Музей бжэIупэм щызэхуэсат   тхакIуэм  и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъу къалэдэсхэр. Абдеж  кърихьэлIа    дэтхэнэми  Пушкин и   усэхэм  щыщ къеджэну  Iэмал иратащ. Урыс усыгъэм и классикыр  урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ      «къагъэпсэлъащ» а махуэм.

Мэздэгу адыгэхэр дегъэцIыху

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Абхъазым щагъэлъагъуэ Мэздэгу адыгэхэм ятеухуа «Вековые традиции Моздокских кабардинцев» документальнэ фильм гъэщIэгъуэн. 

Иджырей зэманым декIу усакIуэ, тхакIуэ зэчиифIэ

Сыт хуэдэ зэманми езым и лIыхъужьхэр къегъэщI, ирехъу ар политик, дохутыр, дипломат… Апхуэдэу ди нобэрей дунейм халъхуа цIыху зэчиифIэу зи гугъу фхуэсщIыну сыхуейр журналист, тхакIуэ, усакIуэ Дзыбэ Саниятщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ