|
|
Щэнхабзэ
14 июня, 2019 - 05:17
Бгырыс лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр, шыпсэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр иту томищ хъу къыдэкIыгъуэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ.
14 июня, 2019 - 05:07
Театрыр дунейпсо гъуазджэм и Iыхьэ нэхъ лъэрыхь дыдэхэм ящыщщ. Ар и «щхьэцыгъуэхэмкIэ» хэухуэнащ литературэм, макъамэм, къафэм, уэрэдым, гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэм.
7 июня, 2019 - 05:12
Быным адэ-анэм хуаIэ гурыщIэхэр къаIуэтэну адыгэ хабзэм къызэремызэгъым къыхэкIыу, сэри си адэм сытепсэлъыхьыну мащIэу соукIытэ.
7 июня, 2019 - 05:10
Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм Шостакович Дмитрий и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща ХьэIупэ ДжэбрэIил лъэпкъыр зэрыгушхуэщ, лъэпкъыр зыгъэгушхуэщ.
7 июня, 2019 - 05:02
Адыгэбзэр джыныр, адрей бзэхэми хуэдэу, псалъэхэр зэхуахьэсурэ къежьа Iуэхущ. 17-нэ лIэщIыгъуэм япэу а Iуэхум иужь ихьащ нэмыцэ щIэныгъэлI Дрешер. Абы зэхилъхьащ нэмыцэ-адыгэ-осетин псалъалъэ.
5 июня, 2019 - 05:13
Гъэлъэгъуэныгъэ
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Театрым и илъэсым хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.
5 июня, 2019 - 05:12
Иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ «Кинокавказ 2019» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалым и етIуанэ зэхыхьэр. Ар щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым (СКГИИ).
5 июня, 2019 - 05:11
Гъуазджэ
Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ) Музыкэ театрым концерт гукъинэж щитащ, Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. Хабзэ хъуауэ, къафэр зи псэм хэлъ гупым иужьрей илъэс зэкIэлъыкIуэхэм концерт щIэщыгъуэхэр егъэлъагъуэ. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ.
29 мая, 2019 - 05:14
Махуэгъэпс
КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ, усакIуэр къыщалъхуа Ерокъуэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.
29 мая, 2019 - 05:13
«Псэр зокIуэ псалъэм и къарукIэ» щыжеIэ Ацкъан Руслан и усэхэм ящыщ зым. Езым псалъэм и къарукIэ дунейм и теплъэ телъыджэхэр ди нэгум щIегъэкI, гъащIэм щэхуу хэлъым дрегъэгупсыс, мыхьэнэ зэдмыта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм нэгъуэщIынэкIэ дрегъэплъыж – гъащIэ хъужыр усэбзэкIэ еIуатэ. ЕIуатэ уэгумрэ щIылъэмрэ зэзышалIэ, зэзыгъэпсалъэ хъэтI щIэщыгъуэкIэ. Ацкъан Руслан и усэхэм упсэуну уагъэпIащIэ, усэбзэм гъэру иIыгъ псэр ягъэпIейтей, яхуз, итIани жьы драгъэхуж. УсакIуэм гъащIэр елъытэ, псэуну йолъэдэкъэщыкI. Ар хыболъагъуэ мывэр къыпхызытхъ удзыщIэм и образым:
Страницы
|