|
|
Щэнхабзэ
29 мая, 2019 - 05:12
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Батырбэч и къуэр псэужамэ, мазаем и 15-м илъэс 87-рэ ирикъунут. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъхуащ. ЗэрыцIыкIурэ дэзыхьэх сурэт щIыным Налшык къэIэпхъуа иужькIэ зыщыхуигъэсащ Сабий творчествэмкIэ унэм. Курыт школыр къиухри, Фёдор 1947 гъэм щIэтIысхьащ Саратов щыIэ художественнэ училищэм скульптурэмкIэ и къудамэм. Ар къиухри, Налшык къигъэзэжащ.
24 мая, 2019 - 05:20
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ республикэм и Правительствэм накъыгъэм и 16-м щаIущIащ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я журналистхэм. Ар теухуауэ щытащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэм, къэралым, республикэм абы къыхуихьыну Iуэхугъуэхэм.
24 мая, 2019 - 05:10
«Къафэ защIэу гъащIэр едмыхьэкIми,
къафэ нэсым гъащIэ псо къытощ»
Сухоруков Леонид.
24 мая, 2019 - 05:07
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм гъэ кIуам и кIэуххэм дунейм къыщытехьа «Адыгэ идэ» тхылъыр а илъэсым лъэпкъ гъуазджэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыфIхэм ящыщщ.
17 мая, 2019 - 05:17
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыщэ, дыжьын медалхэр зыхуагъэфэща Пащт-Хъан Алим и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм иджыблагъэ щаIущIащ Налшык дэт «Акрополь» IуэхущIапIэм.
15 мая, 2019 - 05:10
Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щагъэлъэпIащ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школыр къызэрызэIуахрэ илъэс 15 зэрырикъур.
15 мая, 2019 - 05:05
Дызэрыт илъэсым, накъыгъэм и 22-м, Израиль къэралыгъуэм щыхьэщIащ США-м и президент Трамп Дональд. Ар яхуэзащ щIыпIэхэм, лъэпкъ мащIэхэм я унафэщIхэм. Сурэтым щыволъагъу Кфар-Камэ къуажэм и Iэтащхьэ Напсо Зухьеррэ Трамп Дональдрэ щызэIущIар.
15 мая, 2019 - 05:05
Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэлажьэ зэщхьэгъусэхэу Шал Хъусенрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ хэт зымыцIыхур?! Хъусен и адыгэ уэрэдхэр, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ жиIэхэр цIыхубэм дзапэ яхуэхъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым.
1 мая, 2019 - 05:07
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, Куржым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и урыс къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа, псори фIы дыдэу дызыщыгъуазэ «Уафэгъуагъуэ макъ» («Громовый гул») повестымрэ «Поиски Богов» (зэкIэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIакъым) тхыдэ романымрэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Лохвицкий (Аджыкъу-Джэрий) Михаилрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ зэры
26 апреля, 2019 - 05:10
Налшык и Музыкэ театрым нэгъабэ щагъэлъэгъуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис и драмэ-поэмэм къытращIыкIа «Нартхэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклыр. Ар ягъэуват тхакIуэ щэджащэр къызэралъхурэ илъэс 76-рэ щрикъум ирихьэлIэу.
Страницы
|